ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 12:7 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр7 И фӀагъ цӀыхухэм яригъэкӀыну Тхьэм зыгуэрым лъэкӀыныгъэ къритамэ, а цӀыхум и фӀагъ абыхэм ярырегъэкӀ. ЦӀыхухэм Ӏуэхухэр яригъэщӀэну Тхьэм зыгуэрым лъэкӀыныгъэ къритамэ, а цӀыхум абыхэм ярырегъащӀэ. အခန်းကိုကြည့်ပါ။ |
Япэрауэ члисэ зэхуэсым хуэлэжьэну Тхьэм цӀыху гуэрхэр апостолу игъэуващ. ЕтӀуанэрауэ, цӀыху гуэрхэри бегъымбару игъэуващ. Ещанэрауэ, цӀыху гуэрхэми адрей цӀыхухэм Ӏуэхухэр ирагъэщӀэну игъэуващ. Ӏуэху телъыджэхэр ящӀэну цӀыху гуэрхэри игъэуващ. Сымаджэхэр ягъэхъужын щхьэкӀэ, лъэкӀыныгъэхэр яӀэну цӀыху гуэрхэр игъэуващ итӀанэ. НэгъуэщӀхэри адрей цӀыхухэм дэӀэпыкъуэгъу яхуэхъуну, нэгъуэщӀхэри унафэщӀу лэжьэну, нэгъуэщӀхэри езыхэм ямыщӀэ бзэхэмкӀэ псэлъэну игъэуващ.