Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 12:2 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

2 Мы лъэхъэнэм ихабзэхэм Ӏэрылъхьэ зыхуэвмыгъэхъу. Тхьэм фи гум илъхэр зэрырехъуэкӀ, хьэл-щэныфӀ фхэлъ хъун щхьэкӀэ. Апхуэдэу фщӀымэ, Тхьэр зыхуейр къывгурыӀуэнущ – фӀыгъуэр зыхуэдэри, Тхьэм и гум ирихьри, фӀыгъуэ нэгъэсар зыхуэдэри къывгурыӀуэнущ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 12:2
61 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Щыпкъагъэр зыхуэдэр фымыщӀэу, фи хъуэпсэныгъэ Ӏейхэм Ӏэрылъхьэ фызэрыщытам хуэдэу, иджы Ӏэрылъхьэ зыхуэвмыгъэхъу, сабий ӀурыщӀэхэм хуэдэу.


Аращи, Мэссихь цӀыху гуэрым и псэм щыщ хъумэ, а цӀыхур Тхьэм щӀэрыщӀэу къигъэхъужащ. А цӀыхум и дуней тетыкӀэу щытар блэкӀащ, дуней тетыкӀэщӀэм щӀидзащ.


щэныщӀэфӀыр фащэ хуэдэу зэфшэкӀащ. Тхьэуэ а щэныщӀэфӀыр къэзыгъэхъуам, езым и щэн хуэдэу хъуурэ, а щэныфӀыр зэпымыууэ егъэщӀэращӀэ, езыр зыхуэдэр пэжу зэвгъэщӀэн щхьэкӀэ.


Аращи, фымыгупсысэу фымыпсэу, Зиусхьэныр зыхуейр зыгурывгъаӀуэ.


Абы къыхэкӀкӀэ, мы дунейм щыдгъэщӀэну къытхуэнэжа пӀалъэм цӀыхухэр зыщӀэхъуэпс Ӏуэху нэпцӀхэм дыдахьэхауэ дымыпсэууэ, Тхьэр зыхуейм дытету дывгъэпсэу.


Аращи, Тхьэм гущӀэгъу къызэрытхуищӀам щхьэкӀэ, хуабжьу сыныволъэӀу: Тхьэм и гум ирихьу, къурмэныпхъэ псэууэ, къурмэныпхъэ лъапӀэм хуэдэу, Тхьэм и ӀэмыщӀэ зифлъхьэ. Аращ гурэ псэкӀэ Тхьэр зэрывгъэлъэпӀэн хуейр.


Фэ дунейм фыщыщу щытатэмэ, мы дунейм и цӀыхухэм езыхэм яхуэдэу фӀыуэ фыкъалъагъунт. Иджы зэрыщытымкӀэ, мы дунейм фыщыщкъым, ауэ мы дунейм фи Ӏыхьэр хэмылъыну сэ мы дунейм и цӀыхухэм фыкъыхэсхащ. Аращ мы дунейм и цӀыхухэм фыкъалъагъу щӀэмыхъур.


Сэ Тхьэм и унэшхуэм къыщытӀэпӀ зейтун жыгым сыхуэдэщ. Тхьэм и лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжыр игъащӀэкӀэ си гугъапӀэщ сэ,


Ауэ Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь фи фащэ ирехъу, фи гуэныхьыщӀэ щэныжьым и хъуэпсэныгъэ мыхъумыщӀэхэми фахуэмыӀурыщӀэ.


дымыкӀуэду дыкъригъэлащ. Щыпкъагъэ зыхэлъ Ӏуэхуу дэ длэжьахэм я Ӏуэху абы хэлъакъым, атӀэ Тхьэм дымыкӀуэду дыкъыщӀригъэлар гущӀэгъуныгъэ зэриӀэм щхьэкӀэщ. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм ди гур къызэригъэкъэбзэжамкӀэ щӀэрыщӀэу дыкъалъхужауэ дищӀащ, ди гурылъхэри зэблихъуащ.


Фэ зинэ зыщӀэхэм фахуэдэщ. Мы дунейм ныбжьэгъу фыхуэхъунри Тхьэм бий фыхуэхъунри зыщ, ар фщӀэркъэ фэ? Аращи, дунейм ныбжьэгъу хуэхъуну хуейр Тхьэм и бий хъууэ арщ.


ШейтӀану мы дунейм и тхьэм фӀэщхъуныгъэ зимыӀэхэм я гур нэф ищӀащ. Апхуэдэу щӀищӀар Тхьэм хуэдабзэу щыт Мэссихь и щӀыхьышхуэм теухуа хъыбарыфӀым и нэхуу абыхэм къатепсэр ямылъагъун щхьэкӀэщ.


Уэ уи псалъэхэр абыхэм я ӀэмыщӀэ ислъхьащ. Сэ мы дунейм сызэрыщымыщым хуэдэу, ахэри мы дунейм зэрыщымыщым щхьэкӀэ мы дунейм и цӀыхухэм ахэр ялъагъу мыхъу хъуащ.


Апхуэдэу Тхьэм дыкъызэригъэгугъа Ӏыхьэшхуэу уасэшхуэ зиӀэхэр къыдитащ, абыхэмкӀэ дунейм щызекӀуэ хъуэпсэныгъэ Ӏейуэ цӀыхухэр зыгъэкӀуэдхэм пэӀэщӀэ зыфщӀу, Тхьэм и хьэл-щэнымкӀэ Ӏыхьэ фиӀэн щхьэкӀэ.


Къабзэу икӀи щыщӀэгъэнщэу Тхьэуэ Адэ лъапӀэм ухуэлэжьэныр мыращ: Гузэвэгъуэм хэхуа зеиншэхэмрэ фызабэхэмрэ ядэӀэпыкъуныр, мы дунейм щызекӀуэ бзаджагъэм мысэ уимыщӀу пэӀэщӀэ зыпщӀыныр арщ.


Ажалыр къахурес абыхэм уащхъуэдэмыщхъуэу; сэр папщӀэ щӀауфа хъым езыхэр ирехуэж; ирехуэж абы икӀуэдэну.


Си къуэшхэ, мы дунейм и цӀыхухэм фыкъалъагъу мыхъумэ, фымыгъэщӀагъуэ.


Тхьэр зыхуейр фигу нэхъ къабзэ хъу зэпытыну, зинэ щӀэным пэӀэщӀэ зыфщӀыну арщ.


Дэ Тхьэм дызэрибыныр дощӀэ, дуней псори шейтӀаным и ӀэмыщӀэ зэрилъри дощӀэ.


Фэ фи гур къигъэплъэжынуи Тхьэм солъэӀу. Апхуэдэу сыщӀелъэӀур Тхьэм фыкъызыхуриджа гугъэр фщӀэн щхьэкӀэщ. ИтӀани езым и цӀыху лъапӀэхэм драгъусэу щӀыхьышхуэ зиӀэ Ӏыхьэшхуэу Тхьэм къытлъигъэсри фщӀэн щхьэкӀэщ сыщӀелъэӀур.


А цӀыхухэм ди Зиусхьэну икӀи дымыкӀуэду дыкъезыгъэл Хьисэ Мэссихь зэрацӀыхуамкӀэ дунейм и бзаджагъэ фӀейм пэӀэщэ защӀауэ, ауэ итӀанэ бзаджагъэм зрагъэубыдыжмэ, ар зытрагъэкӀуэжурэ, икӀэм-икӀэжым абыхэм я Ӏуэхур япэм нэхърэ нэхъ Ӏей мэхъу.


А Ӏуэхухэм я гъуэгум фрикӀуэрт. Мы дунейм и хабзэжь Ӏейм фытету, жьым тепщэныгъэ щызиӀэ Ӏэтащхьэу, жин бзаджэу Тхьэм емыдаӀуэхэм я псэм хэлэжьыхьыр зэрыхуейм тету фыпсэуащ.


Хьисэ Мэссихьщ иджырей дунейм и тепщэныгъэм дыкъыӀэщӀихыжын, ди Тхьэуэ икӀи ди Адэ лъапӀэм зэрыфӀэигъуам тету, ди гуэныхьхэр ипшыныжын щхьэкӀэ, зи псэр зытар.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ мы зэманым и цӀыхухэм акъылыфӀагъэу жыхуаӀэр Тхьэм дежкӀэ делагъэщ, Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу: «АкъылыфӀагъэ зиӀэхэр я акъылыфӀагъэ жыхуаӀэмкӀэ Тхьэм иубыдынущ».


Дунейм и цӀыхухэм фэ жагъуэу фалъагъуфынукъым, ауэ сэ сыкъалъагъу хъуркъым. Абыхэм ялэжь Ӏуэхухэр зэрыӀейр къыщӀызогъэщри, аращ сыкъалъагъу щӀэмыхъур.


Тхьэм дунейр къыщигъэщӀам къыщыщӀэдзауэ, зи цӀэхэр Щынэ фӀагъэжам и тхылъым ит цӀыхуу гъащӀэ зыгъуэтынухэм фӀэкӀа къэмынэу, щӀылъэм тет адрей цӀыху псоми хьэщхьэвылъэр ягъэлъэпӀэнущ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Зиусхьэныр зэрыфӀыр зыхэфщӀащи.


Апхуэдэу, Торэт хабзэр лъапӀэщ, унафэри лъапӀэщ, икӀи захуэщ, икӀи фӀыщ.


Епафрасу фи цӀыхухэм ящыщу Хьисэ Мэссихь хуэлажьэм фӀэхъус къывехыж. Ар Тхьэм пэжкӀэ фхуелъэӀу зэпытщ, Тхьэм и гъуэгум быдэу фытригъэтын, сыт и лъэныкъуэкӀи езыр зыхуей Ӏуэху псори зыхуэдэр нэсауэ къывгуригъэӀуэн папщӀэ.


ЗэрыфщӀэщи, фи адэжьхэм къызэранэкӀа пщӀэ зимыӀэ псэукӀэм фыхишыжыну Мэссихь фи щхьэхэр ищэхужащ. Фи щхьэхэр зэрищэхужар кӀуэдыжыну дыжьыныр е дыщэр аракъым,


Куэдрэ сынывэпсэлъэжынукъым, мы дунейм и тепщэр къокӀуэри. Абы и Ӏуэху сэ къысхэлъкъым.


Торэт хабзэр Тхьэм деж къызэрикӀар дощӀэ. Ауэ сэ сыцӀыху тхьэмыщкӀэщ, гуэныхьым срипщылӀщ.


Благъуэжь абрагъуэр щӀылъэм кърадзыхащ – иблису икӀи шейтӀану жыхуаӀэ блэжьу щӀылъэм тет цӀыху псори дэзыщэхыр аращ. Ари абы и мелыӀычхэри щӀылъэм кърадзыхащ.


НэгъуэщӀ цӀыху гуэр банэхэм хэлъэлъа жылэм хуэдэщ. Тхьэм и псалъэхэр зэхех апхуэдэм, ауэ мы дунейм щызекӀуэ гугъуехьхэмрэ беягъэм и пцӀымрэ Тхьэм и псалъэу и гум илъхэр ятхьэлэри, абы фӀыгъуэ къыпыкӀыркъым.


ауэ мы дунейм щызекӀуэ гугъуехьхэри, беягъэм и пцӀымрэ, нэгъуэщӀ Ӏуэху мыхъумыщӀэхэм щӀэхъуэпсынри я гум хыхьэурэ, Тхьэм и псалъэу я гум илъхэр ятхьэлэурэ, а цӀыхухэми фӀыгъуэ къапыкӀыркъым.


Аращи, фи хъыбарыр щызэхэтха махуэм щыщӀэдзауэ, Тхьэм дыфхуелъэӀуныр зэпыдгъэуакъым. Тхьэр зыхуейр нэсауэ къывгуригъэӀуэнуи, и Псэ ЛъапӀэм деж къикӀ акъылыфӀагъэ псори гурыӀуэныгъэ псори фиӀэнуи долъэӀу.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ