Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 12:1 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

1 Аращи, Тхьэм гущӀэгъу къызэрытхуищӀам щхьэкӀэ, хуабжьу сыныволъэӀу: Тхьэм и гум ирихьу, къурмэныпхъэ псэууэ, къурмэныпхъэ лъапӀэм хуэдэу, Тхьэм и ӀэмыщӀэ зифлъхьэ. Аращ гурэ псэкӀэ Тхьэр зэрывгъэлъэпӀэн хуейр.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 12:1
49 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Фэри псэ зыпыт мывэхэм фыхуэдэу, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр здэщыӀэ унэшхуэм щыщ фыхъу. Апхуэдэу дин пащэ лъапӀэ фыхъунущ, Хьисэ Мэссихь илэжьа Ӏуэхум щхьэкӀэ Тхьэм и гум ирихь тыхь гурэ псэкӀэ хуэфщӀыфынущ.


Фи Ӏэпкълъэпкъым и пкъыгъуэхэм гуэныхь ящӀэну бзаджагъэм и Ӏэщэхэм яхуэдэ фымыгъэхъу, лӀахэм къахэтэджыкӀыжа цӀыхухэм фахуэдэу Тхьэм и ӀэмыщӀэ зифлъхьэ. Фэ фи Ӏэпкълъэпкъым щыщ пкъыгъуэхэри щыпкъагъэм и Ӏэщэхэм яхуэдэу Тхьэм хуэвунэтӀ.


Фэ фи зэхэщӀыкӀыр зэрыримыкъуам щхьэкӀэ, нэхъ гурыӀуэгъуафӀэ хъун папщӀэ цӀыхур зэрыпсалъэ бзэкӀэ мыр нывжызоӀэ. Фи Ӏэпкълъэпкъым щыщ пкъыгъуэхэм бзаджагъэ евгъэщӀэн щхьэкӀэ фӀеймрэ бзаджагъэмрэ я ӀэмыщӀэ пщылӀу зифлъхьэу зэрыщытам хуэдэу, иджы гукъабзагъэм и гъуэгу фрикӀуэн щхьэкӀэ фи Ӏэпкълъэпкъым щыщ пкъыгъуэхэм щыпкъагъэм пщылӀ хуэхъуну хуэвунэтӀ.


Мы лъэхъэнэм ихабзэхэм Ӏэрылъхьэ зыхуэвмыгъэхъу. Тхьэм фи гум илъхэр зэрырехъуэкӀ, хьэл-щэныфӀ фхэлъ хъун щхьэкӀэ. Апхуэдэу фщӀымэ, Тхьэр зыхуейр къывгурыӀуэнущ – фӀыгъуэр зыхуэдэри, Тхьэм и гум ирихьри, фӀыгъуэ нэгъэсар зыхуэдэри къывгурыӀуэнущ.


Сэ, Зиусхьэным сызэрыхуэлажьэм щхьэкӀэ, лъэхъуэщым сыщӀадзауэ сыщӀэсу сыныволъэӀу: Тхьэм фыкъызыхуриджа псэукӀэм хуэфащэу фыпсэу.


Фэ фщӀэркъэ зыгуэрым и пщылӀхэм хуэдэу федэӀуэну и ӀэмыщӀэ зифлъхьэмэ, а цӀыхум пэжу фрипщылӀ зэрыхъур? Гуэныхь щӀэным фрипщылӀмэ, лӀэныгъэм и гъуэгу фрокӀуэ, ауэ Тхьэм федаӀуэмэ, щыпкъагъэ фиӀэу филъытэнущ.


Аращи, ди гур дгъэкӀуэдыркъым. Ди пкъыр кӀуэд зэпытми, Тхьэм махуэ къэси ди гум илъыр къызэрехъуэкӀ зэпытщ.


ИкӀэм-икӀэжым, ди къуэшхэ, мыр нывжызоӀэ. Тхьэм игу фрихьын щхьэкӀэ, фызэрыпсэун хуейр фэдгъэщӀащ. Апхуэдэуи фопсэу. Апхуэдэу сыт щыгъуи фыпсэуну Мэссихь Хьисэ и цӀэкӀэ дыныволъэӀу икӀи фхудогъэбыдэ.


Аращи, Мэссихь дрилӀыкӀуэщ. Ди жьэкӀэ Тхьэр ныволъэӀу. Мэссихь и цӀэкӀэ дыныволъэӀу: Тхьэм фекӀуж.


Фэ Тхьэм хуэфщӀ къурмэныпхъэр фи фӀэщхъуныгъэр арщ. А къурмэныпхъэм сэ си гъащӀэм илъ хэлъэда хъуми, сыгуфӀэнущ икӀи фэ псоми сывигъусэу сыгуфӀэнущ.


Си къуэшхэ, фызэгурыӀуэну, гуп-гуп фызэрымыгъэхъуу, зэнэ-зэпсэу фыщытыну ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и цӀэкӀэ сыныволъэӀу.


Е Тхьэм и фӀыгъуэшхуэри, и гущабагъэшхуэри, и шыӀэныгъэшхуэри гулъытэншэу къэбгъанэу ара? Уэ гуэныхьу пщӀахэм уахущӀегъуэжыну Тхьэм и фӀыгъуэшхуэкӀэ Ӏэмал къызэрыуитыр къыбгурыӀуэркъэ?


Мыхъун фщӀауэ къыщывэуэкӀэ, фигукӀэ шыӀэныгъэ зивгъэӀэми, фэркӀэ сыт хуэдэ щӀыхь абы хэлъыр? ФӀы фщӀэ пэтми, гугъуехь щывагъэшэчкӀэ, фигукӀэ шыӀэныгъэ зивгъэӀэнырщ Тхьэм игу ирихьыр.


Фи тыгъэ псори къысӀэщӀыхьащ, схурикъури къызэлыжащ. Епафродит къысхуевгъэхьа тыгъэхэр къысӀэщӀыхьащи, сызыхуэныкъуэ щыӀэкъым. Ахэр Тхьэм ищтэ къурмэныпхъэу и гум ирихьу, мэ ӀэфӀ къызыпихым хуэдэщ.


Дэ, Тхьэм дэлажьэхэр, Тхьэм и нэфӀ пщӀэншэу къыфщыхуауэ къызэрыщӀэмыкӀыным фыхуэсакъыну дыныволъэӀу.


Си къуэшхэ, мыбыкӀэ сыныволъэӀу: ди Зиусхьэну Хьисэ Мэссихь и цӀэкӀи, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм деж къикӀ фӀылъагъуныгъэм щхьэкӀи, гъусэ фыкъысхуэхъуи, Тхьэм фи фӀэщу фысхуелъэӀу.


Тхьэм деж къикӀ хъыбарыфӀыр цӀыхухэм езгъащӀэурэ, дин пашэ Ӏуэху солэжь. Тхьэм деж къикӀ хъыбарыфӀыр цӀыхухэм щӀезгъащӀэр Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм хамэ лъэпкъхэм я гур зэригъэкъэбзэжам щхьэкӀэ ахэр Тхьэм и гум ирихь къурмэныпхъэм хуэдэу хъуну папщӀэкӀэщ.


СыщӀэукӀытэжын лъэпкъ щымыӀэу, иджыри, сыт щыгъуи, сыпсэуми, сылӀэми, сипкъкӀэ сыгушхуэу Мэссихь зэпымыууэ зэрызгъэлъэпӀэным сыщӀохъуэпс икӀи сыщогугъ.


Ар фӀыщ икӀи дымыкӀуэду дыкъезыгъэл Тхьэм игъуэу елъытэ.


Ди къуэшхэ, фэ къыфхуэлажьэу, Зиусхьэным и ӀуэхухэмкӀэ тепщэныгъэ къыфхузиӀэ цӀыхуу къывгурызыгъаӀуэхэм щӀыхь яхуэфщӀыну дыныволъэӀу.


Абы къыхэкӀкӀэ уэ ныбжызоӀэ, фӀылъагъуныгъэшхуэ игу илъщи, абы и гуэныхь куэдыр къыхуэгъуащ. Ауэ мащӀэу зыхуэгъуам игу фӀылъагъуныгъэ мащӀэщ илъыр.


Си къуэшхэ, къызэрывгурызгъаӀуэ псалъэхэр фщтэнкӀэ сыныволъэӀу. Куэдыщэ ныфхуэстхакъым.


Фызабэ гуэрым и бынрэ и бынхэм къащӀэхъуарэ иӀэмэ, езыхэм я унагъуэм щӀыхь хуащӀыну япэщӀыкӀэ зрагъэсэн хуейщ, я адэ анэхэм къыхуащӀари хуащӀэжын хуейщ, ар Тхьэм игъуэу елъытэри.


Македоние хэкум дэнэкӀи ис къуэш псори фӀыуэ фолъагъу. Ахэр нэхъыфӀыжу дапщэщи флъагъуну сыныволъэӀу.


Тхьэр абыхэм щӀащысхьар гущӀэгъу зыхуищӀ цӀыхухэу щӀыхьышхуэ зиӀэ хъуну игъэпсахэм езым и щӀыхьышхуэм и инагъыр яригъэщӀэну арщ.


Аращи, Тхьэм и нэфӀ къытщыхуэри, Тхьэм мы Ӏуэхур ди пщэм къыдилъхьащи, ди гур дгъэкӀуэдыркъым.


ЗэрыжыфӀэмкӀэ сэ, Паул, фи пащхьэм сит щыхъукӀэ, сошынэ, ауэ сыфпэжыжьэ щыхъукӀэ, согушхуэ – сэ Мэссихь и гущабагъэрэ и ӀэсагъэкӀэ сыныволъэӀу.


итӀани фӀылъагъуныгъэкӀэ сынолъэӀумэ нэхъ къызощтэ. Сэ, Паул, лӀыжьыр, Хьисэ Мэссихь зэрыхуэлажьэм щхьэкӀэ, лъэхъуэщым щӀадзауэ щӀэсыр,


си къуэ Онисим щхьэкӀэ сынолъэӀу, лъэхъуэщым сыздыщӀэсым ар си къуэм хуэдэ хъуащи.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ