5 Иджыпстуи апхуэдэщ. Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэкӀэ езым къыхихауэ, цӀыху мащӀэ тӀэкӀу къэнауэ щыӀэщ.
Ешайа бегъымбарым израил лъэпкъым теухуауэ мыпхуэдэу къыжиӀащ: «Израил лъэпкъым и бжыгъэр хым и пшахъуэм хуэдизми, абыхэм ящыщу мыкӀуэду Тхьэм къригъэлынур мащӀэ дыдэщ.
ЩӀалэхэр къамылъхуауэ, ери фӀыри ямыщӀауэ, Тхьэм Ревеккэ къыжриӀащ: «Нэхъыжьыр нэхъыщӀэм хуэӀуэхутхьэбзэщӀэнущ». Тхьэм апхуэдэу щӀищӀар цӀыху гуэр къызэрыхихымкӀэ езым и мурадыр игъэзэщӀэну арщ. ЦӀыхум ищӀа Ӏуэхухэм емылъытауэ, зыхуей цӀыхур Тхьэм езым къыхех,
Журтхэм хъыбарыфӀыр* зэрамыдам щхьэкӀэ фэ фи фӀагъ а Ӏуэхум къыхэкӀыу, Тхьэм и бий хъуащ ахэр. Ауэ Тхьэм журтхэр къызэрыхихам щхьэкӀэ фӀыуэ елъагъу, я адэшхуэхэм я хьэтыркӀэ.