Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 11:2 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

2 Тхьэр езым къыхиха лъэпкъым хуэмеиж хъуакъым. Тхьэм и псалъэ тхахэм, Иляс бегъымбарым и хъыбар зэрытым деж, жиӀэр фщӀэркъэ? Иляс бегъымбарыр израил цӀыхухэм ятеухуауэ Тхьэм и пащхьэм мыпхуэдэу жиӀэурэ щытхьэусыхащ:

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 11:2
24 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Тхьэуэ Адэ лъапӀэм ипэкӀэ зэриухам тету, езым и бынхэм ящыщ фыхъуну фыкъыхихащ икӀи езым и Псэ ЛъапӀэм фи гур игъэкъабзэ зэпытщ, Хьисэ Мэссихь федэӀуэн, абы лъыуэ жорым щыщӀэкӀамкӀэ къабзэ фыхъун щхьэкӀэ. Тхьэм и нэфӀ куэду къыфщыхуэ, гузэгъэгъуэ ину къыфлърес.


Тхьэр абыхэм щӀащысхьар гущӀэгъу зыхуищӀ цӀыхухэу щӀыхьышхуэ зиӀэ хъуну игъэпсахэм езым и щӀыхьышхуэм и инагъыр яригъэщӀэну арщ.


– Абы нэмыщӀу, си къуэшхэ, фэри фи тхьэмадэхэми Хьисэ ефщӀар фи гунэфыгъэкӀэ зэрыфщӀар сощӀэ сэ.


Исуф яжриӀащ абыхэм: – Сыт фэ фщӀар? Фэ фымыщӀэу пӀэрэт сэ схуэдэ цӀыхум цӀыхухэм щэхуу ящӀар Ӏэмал имыӀэу къызэрищӀэнур?


Тхьэм и псалъэхэр имыгъэпэжауэ аркъым абы къикӀыр. Израил лъэпкъым щыщ псори аракъым израил цӀыху пэжу щытхэр.


Хамэ лъэпкъ щыщхэм ар щызэхахым, гуфӀэри, Зиусхьэным и псалъэхэм щӀыхь хуащӀащ. ИкӀи мыкӀуэдыжын гъащӀэ зритыну Тхьэм игъэува цӀыху псоми фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ.


Абыхэм Хьэрун жраӀащ: «Дяпэ иту яхьыну тхьэ сурэтхэр тхуэщӀ! Мысырым дыкъизышыжа Мусэ къыщыщӀар тщӀэркъым».


– Зи щӀыхь ин, – къыжриӀащ цӀыхубзым, – псыкъуийр куущ, уэ псы къызэрипхын уиӀэкъым. А гъащӀэ къызэзытыну псыр дэнэ къыздипхынур?


Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр и гум куууэ хыхьауэ, Хьисэ Иорданыпсым къыӀукӀыжащ. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм ар губгъуэ нэщӀым ишащ.


Пасэ зэманым Тхьэр бегъымбархэм я жьэкӀэ куэдрэ икӀи зэмылӀэужьыгъуэу ди адэжьхэм къепсалъэу щытащ.


Ауэ си пкъым сыщыпсэуну щытмэ, фӀыгъуэ къызыпэкӀуэн Ӏуэху сщӀэн слъэкӀынущ. А ӀуэхуитӀым къыхэсхынур сщӀэркъым.


Мыпхуэдэу жызыӀар Зиусхьэну мы Ӏуэхухэр куэд щӀауэ цӀыхухэм езыгъэщӀар арщ».


Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм дунейм и цӀыхухэм хьэкум зэрытращӀыхьынур фщӀэркъэ? Дунейм и цӀыхухэм хьэкум ятефщӀыхьын хъумэ, дауэ Ӏуэху цӀыкӀухэмкӀэ хьэкум фщӀэну къыфтехуэркъэ?


ЛӀахэм я къэтэджыжыкӀэ хъунур Мусэ бегъымбарым и тхылъым иту феджакъэ? Пыжь банэм и хъыбарыр здитым деж итщ Тхьэр Мусэ бегъымбарым къепсалъэу мыпхуэдэу къызэрыжриӀар: «Сэращ Ибрэхьими, Исхьэкъи, Екъуби я Тхьэр».


Фэ фщӀэркъэ зыгуэрым и пщылӀхэм хуэдэу федэӀуэну и ӀэмыщӀэ зифлъхьэмэ, а цӀыхум пэжу фрипщылӀ зэрыхъур? Гуэныхь щӀэным фрипщылӀмэ, лӀэныгъэм и гъуэгу фрокӀуэ, ауэ Тхьэм федаӀуэмэ, щыпкъагъэ фиӀэу филъытэнущ.


Ауэ Тхьэр фӀыуэ зылъагъум Тхьэм къыбгъэдэкӀ щӀэныгъэ егъуэт.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ