Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 11:10 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

10 Абыхэм ямылъагъуфыну я нэхэр Тхьэм ирегъэункӀыфӀ, тхышэ ирещӀ игъащӀэкӀэ».

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 11:10
13 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Тхьэр гуэныхь зыщӀа мелыӀычхэм ящысхьакъым, атӀэ Ӏэхъулъэхъухэр ярилъхьэри, цӀыхухэм я хьэкумыр щатрищӀыхьыну къемэтмахуэм нэсыху жыхьэнмэм и кӀыфӀыгъэм хэтыну ятрилъхьащ.


Я зэхэщӀыкӀ кӀыфӀщ, я ерыщыгъэм къыхэкӀкӀи зыри къагурымыӀэу, Тхьэм цӀыхухэм къарит гъащӀэм пэжыжьэщ ахэр.


Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу: «Тхьэм ахэр гулъытэншэ ищӀащ. Я нэхэми ямылъагъуу, я тхьэкӀумэхэми зэхамыхыу ищӀащ, нобэрей махуэм къэсыху».


Тхьэр ящӀэу щыт пэтми, Тхьэм хуэфащэ лъытэныгъэри щӀыхьышхуэри хуащӀакъым. Ауэ я гупсысэхэр пщӀэншэ хъуащ, зэхэщӀыкӀ зимыӀэ ягухэри кӀыфӀу къэнащ.


Зи фӀейр дэзыдзей толъкъунхэм яхуэдэщ, вагъуэ гъуэщахэу кӀыфӀыгъэм и кууупӀэр Тхьэм игъащӀэкӀэ къызыхуигъэнахэм яхуэдэщ.


Тепщэныгъэ зыщаӀэ щӀыпӀэр къэзыгъэна мелыӀычу, Тхьэм къарита щӀыпӀэм икӀахэр Тхьэм цӀыхухэм хьэкум щатрищӀыхьыну махуэшхуэм нэсыху игъащӀэкӀэ мыкӀуэдыжын Ӏэхъулъэхъухэр ярылъу кӀыфӀыгъэм хегъэт.


А цӀыхухэр псынэ гъужам икӀи жьышхуэм зэрихуэ пшэхэм яхуэдэщ. МыкӀуэдыжын кӀыфӀыгъэм и кууупӀэр Тхьэм абыхэм Ӏыхьэ яхуищӀащ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ