Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 10:6 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

6 Ауэ цӀыхум фӀэщхъуныгъэ зэриӀэм щхьэкӀэ, Тхьэм абы щыпкъагъэ иӀэу зэрилъытэм теухуауэ Тхьэм и псалъэ тхахэм мыпхуэдэу хэтщ: «Хэт уафэм дэкӀуеинур жыпӀэу уигукӀэ жумыӀэ». (Уафэм дэкӀуеину хэтщ жыхуиӀэщ, Мэссихьу цӀыхухэр мыкӀуэду къезыгъэлынур къришэхын щхьэкӀэ).

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 10:6
15 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Сэращ уафэм къеха щӀакхъуэр. А щӀакхъуэр фи адэжьхэм яшхыу щыта мэнн шхыныгъуэ хуэдэкъым. Ар яшхыу щыта пэтми, итӀани лӀащ ахэр, ауэ мы щӀакхъуэр зышхыр игъащӀэкӀэ псэунущ.


икӀи ар си псэм щыщын щхьэкӀэ. Тхьэм щыпкъагъэ сиӀэу сызэрилъытэм сэ злэжьа ӀуэхуфӀхэм я Ӏуэху хэлъкъым. Сэ жыхуэсӀэр – Тхьэм щыпкъагъэ сиӀэу сыщӀилъытэр МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ зэрызиӀэм щхьэкӀэщ. Торэт хабзэм итхэр згъэзащӀэурэ, абы и Ӏуэху абы хэлъкъым. А щыпкъагъэу сиӀэр Тхьэм деж къокӀ, фӀэщхъуныгъэми тетщ.


Тхьэм Ибрэхьимрэ абы къытехъукӀыну цӀыхухэмрэ къигъэгугъащ щӀылъэр я ӀыхьэфӀу къызэралъысынумкӀэ. Ибрэхьим Торэт хабзэм итхэр игъэзэщӀауэ аракъым Тхьэм а ӀыхьэфӀымкӀэ щӀигъэгугъар, атӀэ Ибрэхьим фӀэщхъуныгъэ зэриӀэм къыхэкӀыу, Тхьэм абы щыпкъагъэ иӀэу зэрилъытар арщ.


Хьисэ МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэу яӀэм и гъуэгуращ Тхьэм цӀыхухэм щыпкъагъэ яӀэу зэрилъытэ гъуэгур. МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ псоми щыпкъагъэ яӀэу елъытэ Тхьэм. ЦӀыхур зэхэгъэж ищӀынукъым абы,


ЦӀыхухэм ямылъэгъуа къэкӀуэну Ӏуэхухэм теухуауэ Тхьэм Нухь хъыбар къыщригъащӀэм, Нухь фӀэщхъуныгъэ зэриӀам щхьэкӀэ, Тхьэм щышынэри, и унагъуэр мыкӀуэду къригъэлын щхьэкӀэ, кхъухь ищӀащ. Нухь иӀа фӀэщхъуныгъэмкӀэ дунейм и цӀыхухэм я къуаншагъэр нахуэ яхуищӀащ. ФӀэщхъуныгъэ зэриӀам щхьэкӀэ Тхьэм абы щыпкъагъэ иӀэу зэрилъытар и ӀыхьэфӀ хъуащ.


Тхьэм и щӀыхьышхуэм и нэхур и Къуэм къыбгъэдэкӀыу къыттопсэ; и Къуэм и щытыкӀэр Тхьэм и щытыкӀэм хуэдабзэщ, лъэкӀыныгъэшхуэ зиӀэ и псалъэмкӀэ щыӀэ псори щегъэӀэ; абы и Къуэм цӀыхухэм ягухэм гуэныхьхэр зэрыригъэкъэбзыкӀыжын гъуэгу къахуигъэпсащ, уафэми дэкӀуеижри, тепщэныгъэшхуэ псори зиӀэ Тхьэм и ижьырабгъумкӀэ бгъэдэтӀысхьащ.


ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэр абы и лъыуэ жорым щыщӀэкӀынумкӀэ Тхьэм езым зригъэкӀужын щхьэкӀэ, Хьисэ къурмэныпхъэу игъэуващ. Тхьэр зэрызахуэр къигъэлъэгъуэну аращ Хьисэ къурмэныпхъэу щӀигъэувар. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэр гущабэщи, пасэм цӀыхухэм гуэныхьу ящӀахэр яригъэпшыныжыгъакъым.


Сэ сызыхуейр сщӀэну аракъым уафэм сыкъыщӀехар, атӀэ сэ сыкъэзыгъэкӀуар зыхуейр сщӀэн щхьэкӀэщ.


уафэм къехыу, дунейм и цӀыхухэм гъащӀэ езытыращ Тхьэм и щӀакхъуэр.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ