Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 10:2 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

2 Ягу етауэ Тхьэм зэрыхуэлажьэмкӀэ сращыхьэтщ, ауэ зэхэщӀыкӀ яӀэу хуэлажьэркъым.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 10:2
22 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Ар щызэхахым, Тхьэм щӀыхьышхуэ хуащӀащ абыхэм. Паул къыжраӀащ итӀанэ: – Ди къуэш, журтхэм ящыщ мин бжыгъэхэм фӀэщхъуныгъэ яӀэ зэрыхъуари Мусэ и Торэт хабзэм я фӀэщу зэрыхэтри уолъагъу.


Тхьэ гъэлъэпӀэным си фӀэщу сыхэту, члисэ зэхуэсым щыщхэм гугъуехь езгъэшэчащ. Торэт хабзэм итхэр бгъэзащӀэурэ, абы и гъуэгукӀэ щыпкъагъэ уиӀэ хъуну щытмэ, зыми сызэригъэкъуэншэн лъэпкъ збгъэдэлъакъым.


Тхьэм сызэрелъэӀур щӀэныгъэрэ зэхэщӀыкӀ псомрэ ящӀыгъуу, фӀылъагъуныгъэ нэхъ куэд зэпымыууэ фиӀэну арщ.


Тхьэм цӀыхухэм щыпкъагъэ яӀэу зэрилъытэ гъуэгур къагурымыӀэу, езыхэм я гъуэгукӀэ Тхьэм щыпкъагъэ яӀэу зэрилъытэнум и ужь иту зэрыщытам щхьэкӀэ, Тхьэм щыпкъагъэ яӀэу зэрилъытэ гъуэгур ядакъым.


Сэ си лъэпкъым щыщу, си ныбжьэгъу куэдым я пэ ситащ журт диным сызэрыхэтамкӀэ. Ди адэжьхэм къытхуагъэна хабзэхэм си фӀэщу сахэтт.


ШейтӀану мы дунейм и тхьэм фӀэщхъуныгъэ зимыӀэхэм я гур нэф ищӀащ. Апхуэдэу щӀищӀар Тхьэм хуэдабзэу щыт Мэссихь и щӀыхьышхуэм теухуа хъыбарыфӀым и нэхуу абыхэм къатепсэр ямылъагъун щхьэкӀэщ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ «КӀыфӀыгъэм нэху къыхрекӀ», жызыӀа Тхьэм и нэхур ди гум къридзащ. А нэхум Тхьэм и щӀыхьышхуэу Мэссихь и нэгум къищыр зыхуэдэр дегъащӀэ.


Сэ сыжуртщ, Киликие хэкум щыщ Тарс къалэм сыкъыщалъхуащ. Мы Ерусалим къалэм сыщапӀащ. Гамалиил и лъакъуэхэм деж сыщысу, ди адэжьхэм я Торэт хабзэр сыхуэсакъыпэурэ зэзгъэщӀащ. Тхьэм фэ псори нобэ фызэрыхуэлажьэм хуэдабзэу, сэри гурэ псэкӀэ Тхьэм сыхуолажьэ.


Тхьэм ӀэщӀыб ищӀ цӀыхур къизымыдзэу, ауэ Зиусхьэным фӀэлӀыкӀ хуизыӀэхэм лъытэныгъэ яхуэзыщӀыр арщ; и ягъэ езым къекӀ пэтми, и тхьэрыӀуэ емыпцӀыжыр арщ.


ЯлъэкӀынум хуэдиз, уеблэмэ нэхъыбэ, езыхэр арэзыуэ зэратамкӀэ сращыхьэтщ.


Мыпхуэдэу жаӀэурэ, зэрыгъэкӀийрт: – Израил щыщ лӀыхэ, фыкъыддэӀэпыкъу! Ди лъэпкъми, ди Торэт хабзэми, мы щӀыпӀэ лъапӀэми къыпэувыну цӀыху псори дэнэкӀи щызыгъэӀущар мы лӀыращ. Абы нэмыщӀу, алыджхэри Тхьэм и унэшхуэм щӀигъыхьэри, мы щӀыпӀэ лъапӀэр иригъэуфӀеящ.


Куэду фыкъысщыгуфӀыкӀащ. ФлъэкӀыну щытатэмэ, фи нэхэр къифтхъыу къызэфтыным хуэдэт – абы щыхьэт сытохъуэ.


Епафрас куэду фэ къызэрыфхуэлажьэмкӀи, ди къуэшу Лаодикие, Иерапол къалэхэм* дэсхэм куэду зэрахуэлажьэмкӀи сыщыхьэтщ.


Мы псалъэхэр къыжиӀэху, Паул цӀыхухэр едэӀуащ. МакъышхуэкӀэ къызэрыгъэкӀиящ ахэр итӀанэ: – А лӀым дунейр егъэбгынэ. Псэуну хуэфащэкъым абы!


Синэгуэгухэми фыкъыщӀахунущ. Уеблэмэ фэ фызыукӀ дэтхэнэми Тхьэм абыкӀэ хуэлажьэу щигугъэну махуэр къэсынущ.


Си къуэшхэ, си гур зыщӀэхъуэпсри Тхьэм сызэрелъэӀу зэпытри си лъэпкъ израил мыкӀуэду къригъэлыну арщ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ