ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 10:18 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр18 Ауэ сэ сыщӀоупщӀэ: ХъыбарыфӀыр зэхамыхауэ ара? Хьэуэ, фӀыуэ зэхахащ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу, «ХъыбарыфӀыр цӀыхухэм яхуэзыӀуатэхэм я макъыр щӀылъэм дэнэкӀи щызэхахащ, я псалъэхэри щӀылъэм и гъунэхэм нэсащ». အခန်းကိုကြည့်ပါ။ |
Махуэ гуэр хахри, Паул зыщӀэс унэм цӀыху гупышхуэ къэкӀуащ. Пщэдджыжьым щыщӀэдзауэ пщыхьэщхьэ хъуху, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм* теухуа хъыбарыр ягуригъаӀуэурэ, Паул а тепщэныгъэшхуэм щыхьэт хуэхъуащ. Мусэ бегъымбарым и Торэт хабзэм итхэмрэ бегъымбархэм я тхылъхэм итхэмрэ ящыщ къеджэурэ, Паул Хьисэ теухуауэ жиӀэхэр я фӀэщ ищӀыным хэтт.