12 Журтымрэ алыджымра яку зэхэгъэж дэлъкъым. А зы Зиусхьэныр псоми я Зиусхьэнщ икӀи абы елъэӀу псоми фӀы къахуещӀэ.
Мэссихь Хьисэ фи гум хэлъщи, щӀыхьышхуэ зиӀэ и къулеигъэшхуэм хуэфащэу си Тхьэм фызыхуэныкъуэ псори къывитынущ.
Ахэр Щынэм езэуэнущ, ауэ Щынэр абыхэм ятекӀуэнущ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ар зиусхьэнхэм я Зиусхьэнщ, пащтыхьхэми я Пащтыхьщ. Езым и гъуэгу ирикӀуэну къыхуриджа цӀыху къыхихауэ, езым хуэпэжхэр абы и гъусэнущ.
Хьисэ МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэу яӀэм и гъуэгуращ Тхьэм цӀыхухэм щыпкъагъэ яӀэу зэрилъытэ гъуэгур. МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ псоми щыпкъагъэ яӀэу елъытэ Тхьэм. ЦӀыхур зэхэгъэж ищӀынукъым абы,
Журтрэ алыджу, пщылӀрэ щхьэхуиту, цӀыхухъурэ цӀыхубзу цӀыхур зэхэгъэж щӀын хуейкъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Мэссихь Хьисэ фи псэм зэрыхэлъым папщӀэ псори зы фыхъуащ.
Цион къалэм папщӀэ Тхьэм жиӀэнщ: «Мыбы хуэдэр икӀи мыбы хуэдэ цӀыхур абы къыщыхъуащ, сыту жыпӀэмэ Псоми Я Нэхъ Лъагэр арщ а къалэр зыгъэбыдэнур».
Аращи, яку зэхэгъэж дэмылъу, алыджри, журтри, сунэт ящӀари, сунэт ямыщӀари, хамэри, Скиф хэкум щыщри, пщылӀри, щхьэхуитри зэхуэдэщ. Мэссихь псоми я щхьэщ, ар фэ псоми фи псэм щыщщ.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэр закъуэщ, Тхьэмрэ цӀыхухэмрэ зэзыгъэкӀужыр закъуэщ, ар цӀыхуу Мэссихь Хьисэщ.
бзэ псоми Хьисэ Мэссихь зэры-Зиусхьэныр псоми я пащхьэм къыщыжаӀэн щхьэкӀэщ. Апхуэдэуи Тхьэуэ Адэ лъапӀэм щӀыхьышхуэ хуащӀынущ.
А щэхур мыращ: Мэссихь Хьисэ хамэ лъэпкъхэм я псэм щыщ хъууэ хъыбарыфӀыр зэращтам щхьэкӀэ, Тхьэм израил лъэпкъым къалъигъэс ӀыхьэфӀыр абыхэми къалъегъэс; а лъэпкъхэри израилхэм ящӀыгъуу зы пкъым щыщщ, Тхьэм израил лъэпкъыр къызэригъэгугъа ӀуэхуфӀхэм абыхэми я Ӏыхьэ хэлъщ.
Пащтыхьхэм я Пащтыхь, зиусхьэнхэм я Зиусхьэн жыхуаӀэ цӀэр абы и джанэ кӀыхьми и куэми тетт.
Мэссихь и лъыуэ жорым щыщӀэкӀамкӀэ ди щхьэхэр ищэхужащ, ди гуэныхьхэри къытхуигъэгъуащ, Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэшхуэм тету.
Мэссихьи лӀэщ, лӀахэм къахэтэджыкӀыжри къэпсэужащ. КъыщӀэпсэужар псэухэмрэ лӀахэмрэ я Зиусхьэн хъуну аращ.
Е Тхьэм и фӀыгъуэшхуэри, и гущабагъэшхуэри, и шыӀэныгъэшхуэри гулъытэншэу къэбгъанэу ара? Уэ гуэныхьу пщӀахэм уахущӀегъуэжыну Тхьэм и фӀыгъуэшхуэкӀэ Ӏэмал къызэрыуитыр къыбгурыӀуэркъэ?
Хамэ лъэпкъхэмкӀэ щӀыхьышхуэ гъэщӀэгъуэну а щэхум хэлъыр Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм яригъэщӀэну игъуэу илъытащ. А щэхур мыращ: Мэссихь фи псэм щыщщ, ари фи псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ щӀыхьышхуэ фиӀэ зэрыхъуным фыпоплъэ, абы фыщыгугъыу.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и нэфӀ къызэрытщыхуар фощӀэ. Ар хуэкъулейуэ щыта пэтми, дэр щхьэкӀэ тхьэмыщкӀэ хъуащ, и тхьэмыщкӀагъэмкӀэ фэ бей фыхъун щхьэкӀэ.
Япэрей цӀыхур мы дунейм щыщу щытащ, Тхьэм ар ятӀэм къыхигъэхъукӀащ. ЕтӀуанэрей цӀыхур уафэм щыщщ – Зиусхьэныр арщ.
Зыхуэстхыр Коринф къалэм щыӀэ члисэ зэхуэсым щыщ цӀыхухэращ. Тхьэм Мэссихь Хьисэ фи псэм щыщыну фигъэуващ, дэнэкӀи ди Зиусхьэну Хьисэ Мэссихь елъэӀу цӀыху псоми фащӀыгъуу, абы и цӀыху лъапӀэхэм ящыщ фыхъуну фыкъыхуриджащ. Мэссихь абыхэми дэри ди Зиусхьэнщ.
Тхьэм апхуэдэу щӀищӀар Мэссихь Хьисэ къытхуригъэщӀа фӀыгъуэмкӀэ езым и нэфӀ щыхуэныгъэшхуэу гъунэ зимыӀэр къэкӀуэну лъэхъэнэхэм я цӀыхухэми яригъэлъагъун щхьэкӀэщ.
Дэ тщӀа гуэныхьхэм къахэкӀкӀэ, лӀахэм хуэдэу дыщыта пэтми, гущӀэгъушхуэ зиӀэ Тхьэм къытхуиӀэ фӀылъагъуныгъэшхуэм щхьэкӀэ Мэссихь дригъусэу дыкъигъэпсэужащ. Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэкӀэ дыкъригъэлащ дымыкӀуэду.
Ешайа бегъымбарым мыпхуэдэу жиӀащ: «Иессе къытехъукӀыну бын лъапӀэр къэкӀуэнурэ, хамэ лъэпкъхэм Ӏэтащхьэ яхуэхъунущ. Хамэ лъэпкъхэр абы щыгугъыурэ пэплъэнущ».
Иджы дин пашэшхуэхэм хуит закъригъэщӀри, мыбы къэкӀуауэ уэ къолъэӀу цӀыху псоми Ӏэхъулъэхъу ярыригъэлъхьэну хэтщ.
Тхьэм и щӀыхьышхуэм тету, езым и Псэ ЛъапӀэмкӀэ фигухэр лъэкӀыныгъэкӀэ игъэбыдэну солъэӀу,
Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм нэхърэ сынэхъ цӀыкӀуми, Тхьэм и нэфӀ къысщыхури, мы Ӏуэхур си пщэм къыдилъхьащ: Мэссихь хэлъ къулеигъэшхуэу зыми имыгъэунэхуфынум и хъыбарыр хамэ лъэпкъхэм езгъэщӀэнуи,
ЯукӀын мурад яӀэу мывэкӀэ къеуэу щыщӀадзэм, Стефан лъэӀуащ: – Зиусхьэн Хьисэ, си псэр сӀых!