Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 10:10 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

10 Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зигурэ зи псэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ цӀыхум Тхьэм щыпкъагъэ иӀэу илъытэнущ икӀи цӀыхухэм я пащхьэм Хьисэ Зиусхьэну зэрыщытыр щыжызыӀэр мыкӀуэду Тхьэм къригъэлынущ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 10:10
13 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Хьисэ Тхьэм зэри-Къуэр зыщтэ цӀыхум и псэм Тхьэр хэлъщ, а цӀыхури Тхьэм и псэм щыщщ.


Уи жьэкӀэ цӀыхухэм я пащхьэм Хьисэ Зиусхьэну зэрыщытыр щыжыпӀэмэ, Тхьэм ар лӀахэм къазэрыхигъэтэджыкӀыжамкӀэ фӀэщхъуныгъэ гурэ псэкӀэ уиӀэмэ, умыкӀуэду Тхьэм укъригъэлынущ.


Ауэ дэ дыжуртми, мыр дощӀэ: ЦӀыху гуэрым Торэт хабзэм итхэр зэригъэзащӀэм щхьэкӀэ Тхьэм абы щыпкъагъэ иӀэу илъытэнукъым, атӀэ Хьисэ МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ зэриӀэм щхьэкӀэщ щыпкъагъэ иӀэу щӀилъытэр. Аращи, дэри МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ диӀэ хъуащ, МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ диӀэ зэрыхъуам щхьэкӀэ Тхьэм щыпкъагъэ диӀэу дилъытэн папщӀэ. Торэт хабзэм итхэр дгъэзэщӀэным и Ӏуэху абы хэлъкъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ, цӀыху гуэрым Торэт хабзэм итхэр зэригъэзащӀэм щхьэкӀэ Тхьэм а цӀыхум щыпкъагъэ иӀэу илъытэнукъыми.


Аращи, Хьисэ и лъыр ди гум триутхэу, дигукӀэ мыхъумыщӀэ зыри зыдэдмыщӀэжыну зэригъэкъэбзэжам щхьэкӀи, дипкъхэр псы къабзэкӀэ зэрыттхьэщӀам щхьэкӀи, ди гум щыпкъагъэрэ фӀэщхъуныгъэшхуэрэ илъу, Тхьэм пэгъунэгъу дывгъэхъу.


НэгъуэщӀ цӀыху гупыр щӀыгулъ фӀыцӀэм хэлъэлъа жылэм хуэдэщ. Ахэрщ фӀыгъуэрэ щыпкъагъэрэ зи гум илъу, Тхьэм и псалъэхэр зэхэзыхыу зыубыдыр. Теубыдэныгъэ яӀэщ икӀи фӀыгъуэ къапокӀ абыхэм. Ар жиӀа нэужь, макъышхуэкӀэ щӀигъужащ Хьисэ: – ИридэӀуэну тхьэкӀумэ зиӀэр иредаӀуэ.


Си къуэшхэ, фэ фщыщ гуэрым и щӀыб гъащӀэ зиӀэ Тхьэм и гъуэгум хуигъэзэжу, фӀэщхъуныгъэ зимыӀэ гу бзаджэ зэримыӀэным фыхуэсакъ.


икӀи ар си псэм щыщын щхьэкӀэ. Тхьэм щыпкъагъэ сиӀэу сызэрилъытэм сэ злэжьа ӀуэхуфӀхэм я Ӏуэху хэлъкъым. Сэ жыхуэсӀэр – Тхьэм щыпкъагъэ сиӀэу сыщӀилъытэр МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ зэрызиӀэм щхьэкӀэщ. Торэт хабзэм итхэр згъэзащӀэурэ, абы и Ӏуэху абы хэлъкъым. А щыпкъагъэу сиӀэр Тхьэм деж къокӀ, фӀэщхъуныгъэми тетщ.


Фэ влэжь Ӏуэхухэр сощӀэ, шейтӀаным и тахътэр здэщыӀэм фызэрыщыпсэури сощӀэ. Сэ си цӀэм фыкъыхуэпэжщ. Фэ фыщыпсэу щӀыпӀэу шейтӀаныр здэщыӀэм си щыхьэт пэжу Антипэ зи цӀэр цӀыхухэм щыщаукӀа махуэхэми сэркӀэ фиӀэ фӀэщхъуныгъэм фепцӀыжын вдакъым.


– «Зыгуэр пхузэфӀэкӀынумэ», жыбоӀэ-тӀэ, – жриӀащ Хьисэ а лӀым. – ФӀэщхъуныгъэ зиӀэм хузэфӀэмыкӀын Ӏуэху зыри щыӀэкъым.


Тхьэм и псалъэ тхахэм Мэссихь теухуауэ зэрыхэтым хуэдэу: «Хэти езымкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэр щӀегъуэжынукъым».


– Уигу псомкӀи фӀэщхъуныгъэ уиӀэмэ, узумэхъ хъунущ, – жриӀащ Филипп. – Хьисэ Мэссихь Тхьэм зэри-КъуэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ сиӀэщ, – жиӀащ Ӏэтащхьэм.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ