1 Си къуэшхэ, си гур зыщӀэхъуэпсри Тхьэм сызэрелъэӀу зэпытри си лъэпкъ израил мыкӀуэду къригъэлыну арщ.
Зы цӀыху гуэри щыхьэт къыстехъуэну сэ сыхуэныкъуэкъым, ауэ фэ фымыкӀуэду Тхьэм фыкъригъэлын щхьэкӀэ, ар жызоӀэ.
– Еууей, Ерусалим, Ерусалим! Уи цӀыхухэм бегъымбархэр яукӀ, Тхьэм и лӀыкӀуэхэри, мывэкӀэ еуэурэ, яукӀ. Бзум и шырхэр и дамэ щӀагъым зэрыщызэхуишэсым хуэдэу, уи бынхэр зэхуэсшэсыну сыт хуэдизрэ сыхуея, ауэ фэ фыхуеякъым.
И псалъэ тхахэм хэту Тхьэм къызэрыжиӀэм хуэдэу: «ЦӀыхухэр зыгъэлъэпэрэпэн мывэу, цӀыхухэр щӀым тезыгъэджалэ мывэшхуэр Сион къалэм щызогъэтӀылъ. ЩӀегъуэжынукъым а мывэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэр».
Ягу етауэ Тхьэм зэрыхуэлажьэмкӀэ сращыхьэтщ, ауэ зэхэщӀыкӀ яӀэу хуэлажьэркъым.