Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 1:16 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

16 Мэссихь теухуа хъыбарыфӀым сытеукӀытыхьыркъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ хъыбарыфӀыр аращ Тхьэм и лъэкӀыныгъэу фӀэщхъуныгъэ зиӀэ дэтхэнэри мыкӀуэду къезыгъэлыр – япэщӀыкӀэ журтыр, итӀанэ мыжуртыр.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 1:16
38 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Иджырей цӀыхуу Тхьэр зымыщӀэу гуэныхь зыщӀэхэм ящыщу сэрэ си псалъэхэмрэ къыттеукӀытыхь дэтхэнэми сэ, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр, абы сытеукӀытыхьыжынущ. МелыӀыч лъапӀэхэр си гъусэу, си Адэм и щӀыхьышхуэм хуэдэ щӀыхьышхуэ сиӀэу сыкъыщыкӀуэжкӀэ, сытеукӀытыхьыжынущ абы.


Ди Зиусхьэным умыдзыхэу щыхьэт хуэхъу. Сэри абы сызэрыхуэлажьэм къыхэкӀкӀэ, лъэхъуэщым сызэрыщӀадзам папщӀэ емыкӀу сыкъыумыщӀ, хъыбырыфӀым щхьэкӀэ Тхьэм и лъэкӀыныгъэкӀэ гугъуехь къыздэшэч.


Ауэ Мэссихь и гъуэгу зэрырикӀуэм щхьэкӀэ зыгуэрым гугъуехь ишэчмэ, иремыукӀытэ, Мэссихь и гъуэгу ирикӀуэхэм зэращыщым щхьэкӀэ, Тхьэм щӀыхь хурырещӀ.


Аращ мы гугъуехьыр щӀэсшэчыр, ауэ сыдзыхэркъым, фӀэщхъуныгъэ зыхузиӀэ Хьисэ Мэссихь сощӀэ, езыми си пщэм къыдилъхьа Ӏуэхум а махуэм нэсыху ар къыхуэсакъын зэрылъэкӀынум сыщогугъри.


Сэрэ си псалъэхэмрэ къыттеукӀытыхь дэтхэнэми сэ, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр, абы сытеукӀытыхьыжынущ. Си Адэмрэ абы и мелыӀыч лъапӀэхэмрэ я щӀыхьышхуэм хуэдэ щӀыхьышхуэ сиӀэу сыкъыщыкӀуэжкӀэ сытеукӀытыхьыжынущ абы.


ШейтӀану мы дунейм и тхьэм фӀэщхъуныгъэ зимыӀэхэм я гур нэф ищӀащ. Апхуэдэу щӀищӀар Тхьэм хуэдабзэу щыт Мэссихь и щӀыхьышхуэм теухуа хъыбарыфӀым и нэхуу абыхэм къатепсэр ямылъагъун щхьэкӀэщ.


КъыжысӀахэмрэ хъыбару къыфхуэсӀуэтахэмрэ яхэтакъым цӀыхум и акъылыфӀагъэр яӀэу, фи фӀэщ зыгъэхъун псалъэхэр, ауэ си псалъэхэр къигъэпэжу, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и къарур яӀэт.


Фи деж сыщыщыӀэм, Хьисэ Мэссихь и хъыбарым фӀэкӀа зыри сымыщӀэным тезубыдащ, псом япэу сщӀэр езыр жорым зэрыраӀулӀарщ.


Аращи, хъыбарыфӀыр щызэхахкӀэ цӀыхухэм фӀэщхъуныгъэ яӀэ мэхъу, Тхьэм и псалъэхэр зыгуэрым щахуиӀуатэкӀи а хъыбарыфӀыр зэхах.


Тхьэм и псалъэхэм гъащӀэшхуэмрэ лъэкӀыныгъэшхуэмрэ яхэлъщ. Ахэр Тхьэм и бгъуитӀымкӀэ джатэ жанэм нэхърэ нэхъ жаныжщ. Псэри, гури, къупщхьэри, куцӀри зэхагъэкӀыу цӀыхум и гущӀэлъапсэм нэсыху пхрокӀ. ЦӀыхум и гупсысэхэри и мурадхэри зэхаху.


ФымыкӀуэду а хъыбарыфӀымкӀэ Тхьэм фыкърегъэл, фэзгъэщӀа Ӏуэхухэм быдэу фытетмэ. Апхуэдэу щымытмэ, фи фӀэщхъуныгъэр пщӀэнщ хъуащ.


НэгъуэщӀ хъыбарыфӀ* щыӀэкъым. ЦӀыху гуэрхэм фи щхьэхэр зэӀагъэхьэ, Мэссихь теухуа хъыбарыфӀри зэрахъуэкӀыну хуейщ.


Тхьэм бзаджагъэ зыщӀэ дэтхэнэми гузэвэгъуэрэ гухэщӀрэ къылъигъэӀэсынущ, япэщӀыкӀэ журтым, итӀанэ мыжуртым.


Тхьэм езым и Къуэр къыщигъэлъагъуэм, лъэпкъхэм ящыщу япэ дыдэу къызыхуигъэкӀуар фэращ, фэ фщыщ дэтхэнэри и гъуэгу мыхъумыщӀэм трыригъэгъэкӀыу и нэфӀ къыщригъэхуэн щхьэкӀэ.


Тхьэм фӀыщӀэ зэпымыууэ худощӀ. Тхьэм и псалъэхэр щыфлъэдгъэӀэсам, цӀыхухэм я псалъэхэм хуэмыдэу, атӀэ Тхьэм и псалъэхэм хуэдэу фщтащ, ипэжыпӀэкӀи Тхьэм и псалъэщ ахэр. А псалъэхэр фэ, фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм, фи гум илъщи, ӀуэхуфӀ фи гум щалэжь.


Къуэшхэм дэӀэпыкъуэгъу фахуэхъуурэ, фи щыпкъагъэр къэвгъэнэхуащ. Аращи, Мэссихь теухуа хъыбарыфӀым щыхьэт фызэрыхуэхъум икӀи фызэредаӀуэм щхьэкӀэ, абыхэм Тхьэм щӀыхьышхуэ хуащӀынущ. Абы нэмыщӀ, фи мылъкум фыщымысхьу фи мылъкум абыхэми нэгъуэщӀ цӀыхухэми зэрахуэвгуэшым щхьэкӀэ а къуэшхэм Тхьэм щӀыхь хуащӀынущ.


Мэссихь теухуа хъыбарыфӀыр цӀыхухэм ялъэзгъэӀэсыну Троадэ къалэм сыщыкӀуэм, Зиусхьэным зы бжэ къысхузэӀуихауэ щытми,


Абы щыгъуэ сыт си ӀыхьэфӀыр? Си ӀыхьэфӀыр мыращ: ХъыбарыфӀым сыхуэлажьэурэ, уаси къыпэмыкӀуэу цӀыхухэм ар зэрахуэсӀуатэр арщ, си хуитыныгъэр къэзмыгъэсэбэпу.


НэгъуэщӀ цӀыхухэм зыхуэныкъуэхэр зэрефтынум щыгугъыну хуитыныгъэ яӀэмэ, абыхэм нэхърэ дэ куэдкӀэ нэхъ хуитыныгъэ диӀэкъэ? Ауэ а хуитыныгъэм и фӀагъ къэдгъэсэбэпакъым. Абы и пӀэкӀэ, Мэссихь теухуа хъыбарыфӀым зэран дыхуэмыхъун щхьэкӀэ, псори дигу тыдогъахуэ.


Фи деж сыныщыкӀуэкӀэ, Мэссихь и нэфӀ щыхуэныгъэшхуэм сыщӀыгъуу сынызэрыкӀуэнур сощӀэ.


Онесифор и унагъуэм гущӀэгъу къыхурещӀ Зиусхьэным, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ абы си гур куэдрэ игъэзэгъащ, Ӏэпхлъэпх сыщащӀами и щӀыб кэысхуигъэзэжакъым.


Ибрэхьим сунэт ящӀыным и пэ фӀэщхъуныгъэ зэриӀам щхьэкӀэ Тхьэм абы щыпкъагъэ иӀэу зэрилъытар къэзыгъэлъагъуэ мыхъуру икӀи дамыгъэу сунэт щӀыныр абы къыхуигъэнащ. А Ӏуэхур апхуэдэу щыщыткӀэ, Ибрэхьим сунэт ямыщӀа цӀыхуу фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм адэ хуэдэу яхуохъу, Тхьэм абыхэми щыпкъагъэ яӀэу илъытэн щхьэкӀэ.


Зиусхьэным и Ӏуэхухэр инщ, ахэр зигу ирихь псори абыхэм яхогупсысыхь.


– Дэ ар къэдгъуэтын тлъэмыкӀыну дэнэ кӀуэн и гугъэ? – жаӀащ журтхэм. – Алыджхэм яхэгуэшауэ псэу ди лъэпкъэгъуэхэм я деж кӀуэуэ, абыхэм Ӏуэхухэр яригъэщӀэну пӀэрэ?


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ