Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 1:12 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

12 А зы фӀэщхъуныгъэу диӀэмкӀэ дызэрыгъэгушхуэныращ жыхуэсӀэр.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 1:12
17 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Сэ, Симон Петр, мы тхылъыр сотх. Сэ Хьисэ Мэссихь сыхуолажьэ, абы сриапостолщ. Ди Тхьэуэ дыкъезыгъэлыр Хьисэ Мэссихьщ. Абы и захуагъэщ зыми пэпщӀ мыхъун фӀэщхъуныгъэ диӀэ зэрыхъуар, апхуэдэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуа цӀыхухэращ мы тхылъыр зыхуэстхыр.


Уэ, Тит, мы тхылъыр ныпхузотх. Зы фӀэщхъуныгъэ зэрыдиӀэм щхьэкӀэ си къуэ пэжым хуэдэ ухъуащ. Тхьэуэ Адэ лъапӀэмрэ дымыкӀуэду дыкъезыгъэл Хьисэ Мэссихьрэ къабгъэдэкӀыу нэфӀ щыхуэныгъэрэ гузэгъэгъуэрэ къыплърес.


А Ӏуэху псоми гузэгъэгъуэ къыдатащ. Ди гупсэхугъуэм къыхэхъуэурэ, фэ псоми Тит и гур зэрывгъэзэгъам щхьэкӀэ, ар зэрыгуфӀар щытлъагъум, дэри нэхъ гуфӀэгъуэшхуэ диӀэ хъуащ.


Абы щыгъуэ, Тхьэм жиӀэмэ, фи деж гуфӀэгъуэкӀэ сынэкӀуэнщи, сывигъусэу зызгъэпсэхужынщ.


Варнавэ Антиохием кӀуэри, Тхьэм и нэфӀыр абыхэм къазэрыщыхуэр щилъагъум, гуфӀащ, емыщу Зиусхьэным гурэ псэкӀэ хуэпэжыну яхуигъэуващ.


ФӀыуэ слъагъухэ, фэри дэри дымыкӀуэду Тхьэм дыкъызэрыригъэлам теухуауэ куэд ныфхуэстхыну сыхуеящ. Ауэ Тхьэм езым и цӀыху лъапӀэхэм я ӀэмыщӀэм кърилъхьа фӀэщхъуныгъэм быдэу фытетыну сынывэлъэӀун щхьэкӀэ, итӀанэ нэхъ иужькӀэ ныфхуэстхын хуейуэ къэслъытащ.


Адэ лъапӀэм унафэ къызэрытхуищӀам хуэдэу, уи бынхэм ящыщ зыкъом щыпкъагъэм тету псэууэ щыслъагъум, куэду сыгуфӀащ.


Уи нэпсхэр си гум къэкӀыжу, си гум гуфӀэгъуэ из хъун щхьэкӀэ, услъагъуну сыхуейщ.


Испание къэралым сыщыкӀуэкӀэ, фи деж сыныдыхьэнущ. Гъуэгу сынытехьэмэ, сыныфхыхьэу фыслъагъуну икӀи фи ныбжьэгъугъэм си гур игъэзагъэу гъуэгупщӀэкӀэ дэӀэпыкъуэгъу фыкъысхуэхъуну сыфщогугъ.


Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм къыбгъэдэкӀыу, фигухэр зыгъэбыдэн фӀыгъуэ гуэр фэзгъэгъуэтын щхьэкӀэ, фыслъагъуну куэду сыхуейщ.


Фи деж сынэкӀуэну куэдрэ си гум илъу зэрыщытар фщӀэн хуейщ, си къуэшхэ, ауэ иджыри къэс Ӏуэху гуэр къыслъыкъуэкӀыурэ къекӀуэкӀащ. НэгъуэщӀ лъэпкъхэм я деж фӀыгъуэ къызыхэкӀ Ӏуэху зэрыщысщӀам хуэдэу, фи дежи Ӏуэху щызлэжыну сыхуейщ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ