ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 1:11 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр11 Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм къыбгъэдэкӀыу, фигухэр зыгъэбыдэн фӀыгъуэ гуэр фэзгъэгъуэтын щхьэкӀэ, фыслъагъуну куэду сыхуейщ. အခန်းကိုကြည့်ပါ။ |
Тимофей фи деж нэдгъэкӀуащ. Ар ди къуэшщ, Тхьэм хуолажьэ, Мэссихь теухуа хъыбарыфӀыр цӀыхухэм яхуэтӀуэтэн ӀуэхумкӀэ къыддоӀэпыкъу. Ар фи деж ныщӀэдгъэкӀуар мы гузэвэгъуэхэм фэ фщыщ зыри гъуэгу захуэм трамыгъэкӀын щхьэкӀэ фигухэр игъэбыдэн икӀи фи фӀэщхъуныгъэм фытетыну фигъэгушхуэн щхьэкӀэщ. Апхуэдэ гузэвэгъуэхэм даӀууэн хуейуэ зэрыщытыр фэ фощӀэ.
Зыгуэр фи деж къакӀуэу, Хьисэ теухуауэ хъыбару дэ фэдгъэщӀам нэмыщӀ, нэгъуэщӀ хъыбар фигъащӀэмэ, фи гуапэу ар фигу тывогъахуэ. Е Тхьэм и Псэ ЛъапӀэу фи гум илъ дгъэхъуам нэмыщӀ псэ гуэр фи гум илъ игъэхъумэ, ари фи гуапэу фигу тывогъахуэ. Е фи фӀэщ хъуа хъыбарыфӀым фӀэкӀа, нэгъуэщӀ хъыбарыфӀу жыхуиӀэр зыгуэрым фигъащӀэмэ, ари фи гуапэу фигу тывогъахуэ.