Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Филиппи къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 4:9 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

9 Ӏуэхуу сэ фэзгъэщӀахэри, къыфхуэзгъэнахэри, сэ къыжысӀэу зэхэфхахэри, сэ сщӀэуэ флъэгъуахэри вгъэзащӀэ. Гузэгъэгъуэ къыдэзыт Тхьэр сыт щыгъуи фи гъусэнущ итӀанэ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Филиппи къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 4:9
36 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Тхьэм и псалъэхэм федаӀуэ къудейкӀэ хъунукъым, ахэр вгъэзэщӀэн хуейщ. Армырамэ, фи щхьэр къывогъэпцӀэж.


Си къуэшхэ, си лъэужьым фыкърикӀуэ. Фызэрыпсэун хуейм и щапхъэу фэдгъэлъэгъуам тету псэухэм фадэплъей.


Апхуэдэу зэрыщытым щхьэкӀэ, си къуэшхэ, Тхьэм и бынхэм ящыщ фыхъуну фыкъызэрыхуриджар икӀи фыкъызэрыхихар зэрывгъэпэжыным сыт щыгъуи нэхъыбэрэ фыхущӀэкъу. Ар влъэжьмэ, Тхьэм и гъуэгум зэи фытекӀынукъым,


Мы Ӏуэхухэр зэхэфщӀыкӀрэ вгъэзащӀэмэ, гъуэгу махуэ фытеуващ.


Тхьэм къыбгъэдэкӀ гузэгъэгъуэу цӀыхухэм къагурыӀуэфынум нэхърэ куэдкӀэ нэхъ иным, фигури фи гупсысэхэри, Мэссихь Хьисэ фи псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ, къихъумэнущ итӀанэ.


Гузэгъэгъуэ къыдэзыт Тхьэм куэд дэмыкӀыу шейтӀаныр фи лъэгум щӀывигъэпытӀыхьынущ. Ди Зиусхьэну Хьисэ и нэфӀыр къыфщрехуэ. Ӏэмин.


ИкӀэм-икӀэжым, си къуэшхэ, фыгуфӀэ, фи щыпкъагъэм щыщӀагъэ лъэпкъ хэмылъу, цӀыху нэгъэса фызэрыхъуным фыхущӀэкъу, фыгушхуэ, фи гупсысэкӀэр зы ирехъу, гузэгъэгъуэ фиӀэу фыпсэу. ФӀылъагъуныгъэрэ гузэгъэгъуэрэ зи деж къикӀ Тхьэр фи гъусэнущ итӀанэ.


– «Зиусхьэн! Зиусхьэн!» жыфӀэурэ, сыт къыщӀызжефӀэр, сэ жысӀэр щывмыгъэзащӀэкӀэ?


унафэу нывжесӀа псори ягъэзэщӀэну яхуэвгъэув. Пэж дыдэщ ар, дунейм и кӀэухым нэсыху сыт щыгъуи сывигъусэнущ сэ. Ӏэмин.


– «Зиусхьэн! Зиусхьэн!» жиӀэу сигъэлъапӀэу къызжезыӀэ цӀыхуракъым Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀыхьэнур, атӀэ си Адэу уафэм щыӀэр зыхуейр зыгъэзащӀэр арщ.


Ди унафэхэр зэрывгъэзащӀэмкӀэ икӀи зэрывгъэзэщӀэнумкӀэ Зиусхьэным дыфщегъэгугъ.


Ди лъэужьми Зиусхьэным и лъэужьми фрикӀуэу щытащ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ гузэвэгъуэшхуэм фыхэту щыта пэтми, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм фи гум кърилъхьа гуфӀэгъуэмкӀэ Тхьэм и псалъэхэр фщтащ.


Гузэгъэгъуэ къыдэзыт Тхьэм фи гур нэсауэ ирегъэкъэбзэж, зэрани къывэмыкӀыу фигури, фи псэри, фипкъри кърехъумэ, Зиусхьэну Хьисэ Мэссихь дунейм къыщыкӀуэжкӀэ, зыми фызэригъэкъуэншэн лъэпкъ щымыӀэн щхьэкӀэ.


– Хьисэ сыт къывжиӀэми, вгъэзащӀэ, – яжриӀащ Хьисэ и анэм ӀуэхутхьэбзащӀэхэм.


– Тхьэм и псалъэхэр зэхэзыхыу зыгъэзащӀэхэращ сэ си анэри си къуэшхэри, – яжриӀащ Хьисэ.


Мэссихь Хьисэ зи псэм щыщу, Иудей хэкум щыӀэ члисэ зэхуэсхэм ящыщ цӀыхухэм я лъэужьым фытехьащ. Журтхэм абыхэм гугъуехь ирагъэшэчу зэрыщытам хуэдэу, фи лъэпкъым щыщхэм фэри гугъуехь фагъэшэчащ.


Аращи, фышхэми, фефэми е нэгъуэщӀ гуэр фщӀэми, цӀыхухэм Тхьэм фӀыщӀэ хуевгъэщӀын щхьэкӀэщ щӀэфщӀэнур.


Къэтэджи, къалэм дыхьэ. Уэ пщӀэн хуейр зыгуэрым къыщыбжиӀэнущ абдежым.


Зиусхьэныр уи псэм гъусэ хурехъу. Тхьэм и нэфӀ къыфщрехуэ. Ӏэмин.


сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэр гузэгъэгъуэм и Тхьэуэ щытщ, Ӏуэху зэхэмыбзым и Тхьэуэ щыткъым. Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм я члисэ зэхуэс псоми я Ӏуэху зытетыр апхуэдэщ.


Си унафэхэр вгъэзащӀэмэ, фэри фызиныбжьэгъущ.


Тхьэм и унафэхэри езым Ӏуэху игъуэу илъытэхэри зэрыдлэжьым щхьэкӀэ дызыщӀэлъэӀур къыдет.


«Хъыджэбзыр лъэщыджэ хъунущ, къуэи къилъхунущ. Абы цӀэуэ фӀащынур Еммануилщ. „Тхьэр ди гъусэщ“, аращ а цӀэм къикӀыр».


Аращи, сыныволъэӀу, си лъэужьым фрикӀуэ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ