22 Тхьэм и цӀыху лъапӀэ псоми фӀэхъус къывахыж, псом хуэмыдэу кесарым и унэшхуэм щыщхэм.
Аращи, кесарым и унэшхуэу преторие зи цӀэм и хъумакӀуэхэмрэ адрей цӀыху псомрэ Ӏупщ ящыхъуащ Мэссихь сызэрыхуэлажьэм щхьэкӀэ цӀыхухэм Ӏэпхлъэпх сызэращӀар.
Ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и нэфӀ щыхуэныгъэр, Тхьэм и фӀылъагъуныгъэр, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр фи гъусэ ирехъу псоми. Ӏэмин.
ГукъабзагъэкӀэ ӀэплӀэ зэфшэкӀыурэ, фӀэхъус зэфххэ. Мэссихь и члисэ зэхуэс псоми фӀэхъус къывахыж.
Тхьэм фыкъызэрыхихам хуэдэу, Бабилэн щыӀэ члисэ зэхуэсу Тхьэм къыхихам фӀэхъус къывехыж. Си къуэ Марки фӀэхъус къывехыж.
Фи унафэщӀ къуэш псоми Тхьэм и цӀыху лъапӀэ псоми фӀэхъус схуефхыж. Италием щыщ къуэшхэм фӀэхъус къывахыж.
– Зиусхьэн, – жиӀащ Ананий, – мы лӀым уэ уи цӀыху лъапӀэу Ерусалим дэсхэм ярищӀа хьэкӀэкхъуэкӀагъэр зыхуэдизыр куэдым къызжаӀащ.
ЩӀэхыу услъагъуу, итӀанэ дызэбгъэдэтӀысхьэу дызэпсэлъэну сыщогугъ.
Фэ фи къуэшхэм фӀэкӀа зыми и Ӏэр фымыубыдмэ, егъэлеяуэ сыт фӀыгъэ фщӀэр? Хамэ лъэпкъхэми апхуэдэу ящӀэркъэ?
Я гур нэхъыбэу махэ зыщӀар Паул и напэр игъащӀэкӀэ ямылъагъужыну зэрыжиӀарт. Кхъухьым нэс Паул дэкӀуэтащ итӀанэ.