Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Филиппи къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 4:18 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

18 Фи тыгъэ псори къысӀэщӀыхьащ, схурикъури къызэлыжащ. Епафродит къысхуевгъэхьа тыгъэхэр къысӀэщӀыхьащи, сызыхуэныкъуэ щыӀэкъым. Ахэр Тхьэм ищтэ къурмэныпхъэу и гум ирихьу, мэ ӀэфӀ къызыпихым хуэдэщ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Филиппи къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 4:18
15 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

ФӀы фщӀэнри зыщывмыгъэгъупщэ, фиӀэр нэгъуэщӀ цӀыхухэм ядэвгуэшынри зыщывмыгъэгъупщэ, апхуэдэ къурмэныпхъэхэр Тхьэм и гуапэщи.


ТхьэмыщкӀагъэм сыхэтынри, беягъэм сыхэтынри зыхуэдэр сощӀэ. ЗызгъэнщӀами, сымэжалӀэми, сыбейми, сытхьэмыщкӀэми, сыт къысщыщӀми, дапщэщи сыарэзыуэ зезгъэсащ.


Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм зыхуэныкъуэмкӀэ дэӀэпыкъуэгъу фазэрыхуэхъум и мызакъуэу, цӀыху куэдми Тхьэм фӀыщӀэшхуэ ину яхувогъэщӀ.


Мэссихь фӀыуэ дилъагъуу, мэ ӀэфӀ зыпих саугъэту икӀи Тхьэм и гум ирихь къурмэныпхъэу дэр щхьэкӀэ и псэр зэритам хуэдэу, фи гум фӀылъагъуныгъэ илъу фыпсэу.


Фэри псэ зыпыт мывэхэм фыхуэдэу, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр здэщыӀэ унэшхуэм щыщ фыхъу. Апхуэдэу дин пащэ лъапӀэ фыхъунущ, Хьисэ Мэссихь илэжьа Ӏуэхум щхьэкӀэ Тхьэм и гум ирихь тыхь гурэ псэкӀэ хуэфщӀыфынущ.


Ди къуэшхэ, фэр щхьэкӀэ Тхьэм сыт щыгъуи фӀыщӀэ хуэтщӀын хуейщ. Ари тэмэмщ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фи фӀэщхъуныгъэм зэпымыууэ хохъуэ, фэ фщыщ дэтхэнэми адрейм фӀылъагъуныгъэу хуиӀэми зэпымычу хохъуэ.


Аращи, Тхьэм гущӀэгъу къызэрытхуищӀам щхьэкӀэ, хуабжьу сыныволъэӀу: Тхьэм и гум ирихьу, къурмэныпхъэ псэууэ, къурмэныпхъэ лъапӀэм хуэдэу, Тхьэм и ӀэмыщӀэ зифлъхьэ. Аращ гурэ псэкӀэ Тхьэр зэрывгъэлъэпӀэн хуейр.


Корнелий шынауэ, и нэхэр абы триубыдэри, жриӀащ: – Зиусхьэн, сыт узыхуейр? – Уи тхьэлъэӀури уи псапэ тыхьхэри Тхьэм деж нэсащ, Тхьэм ахэр щымыгъупщауэ и гум илъщ, – къыжриӀащ мелыӀычым.


Фэ сыфхуэлэжьэн щхьэкӀэ, нэгъуэщӀ члисэ зэхуэсхэм пщӀэ къеӀысхыурэ, абыхэм ахъшэ езгъэгъэкӀуэдащ. Фи деж сыщыщыӀам, сыхуэныкъуами, хьэлъэ зыми сытехъуакъым.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ