Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Филиппи къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 4:1 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

1 Аращи, фэ, фӀыуэ слъагъуу, си нэкӀэ слъагъуну сызыщӀэхъуэпс си къуэшхэ, си гуфӀэгъуэри, си тажри фэращ. Фэ, фӀыуэ слъагъухэр, Зиусхьэныр фи псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ, гъуэгу захуэм быдэу фытетын хуейщ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Филиппи къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 4:1
35 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Псом япэрауэ, Мэссихь теухуа хъыбарыфӀым хуэфащэу фыпсэу. Абы щыгъуэ сынакӀуэу фыслъагъумэ, е сынэмыкӀуэми, фи хъыбарыр зэхэсхмэ, зэнэзэпсэу захуагъэм пэжкӀэ фытету, фи фӀэщ хъуа хъыбарыфӀым щхьэкӀэ фызэгурыӀуэу фызэрызэдэлажьэри,


Фымыжейуэ фысакъ, фӀэщхъуныгъэм и гъуэгум фытемыкӀ, лӀыгъи быдагъи зыхэвгъэлъ.


ГъащӀэ диӀэ зыщӀ псалъэхэр фи Ӏэм илъу, дуней кӀыфӀым къыхэцӀуукӀ вагъуэхэм хуэдэу а цӀыхухэм факъыхэлыдыкӀынущ. Апхуэдэу щыхъукӀэ, сызэрыфхуэлэжьар икӀи сызэрыфхуешар пщӀэншэ зэрымыхъуам Мэссихь дунейм къыщыкӀуэжыну махуэм сригуфӀэнущ.


Аращи, си къуэш лъапӀэхэ, Тхьэм и гъуэгу зыми зытревмыгъэгъэкӀыу щыпкъагъэм фытет. Фи псэм фемыблэжу Зиусхьэным и Ӏуэхум зэпымыууэ и ужь фит, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Зиусхьэным хуэфщӀэ Ӏуэхур пщӀэншэ зэрымыхъунур фощӀэ.


Хьисэ Мэссихь и фӀылъагъуныгъэр си гум илъу сэ фӀыуэ фызэрыслъагъумкӀэ Тхьэр си щыхьэтщ.


Аращи, дызыщыгугъыу, дызыпэплъэ ӀуэхуфӀу цӀыхухэм зи гугъу яхуэтщӀхэм дыкъимыкӀуэтыжу дытету дривгъакӀуэ, а ӀуэхуфӀхэмкӀэ дыкъэзыгъэгугъа Тхьэм и гум щыпкъагъэ илъщи.


ФӀы щӀэным хэт зэпыту щӀыхьышхуэм, лъытэныгъэшхуэм, мылӀэныгъэм я ужь итхэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ яритынущ.


ЕзымкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуа журтхэм Хьисэ яжриӀащ: – Си псалъэхэр фигу илъмэ, си гъуэгу пэжу ирикӀуэхэм фащыщщ.


Аращи, си къуэ, ди псэм щыщ Мэссихь Хьисэ и нэфӀ къызэрыпщыхуэмкӀэ уи гур гъэбыдэ.


Фэ псори филъагъужыну ину щӀохъуэпс, зэрысымаджэр зэрызэхэфхам щхьэкӀи езыр мэгузавэ.


Варнавэ Антиохием кӀуэри, Тхьэм и нэфӀыр абыхэм къазэрыщыхуэр щилъагъум, гуфӀащ, емыщу Зиусхьэным гурэ псэкӀэ хуэпэжыну яхуигъэуващ.


ФӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуа цӀыхухэр апостолхэм я деж емызэшу щеджэ зэпытт, зэшхэм хуэдэу зэхэтт, щӀакхъуэ зэдэзэгуащӀыкӀырт, икӀи Тхьэм зэпымыууэ елъэӀурт.


Зиусхьэным гъэрыпӀэм дыкъришыжу, Цион къалэм дишэ щыхъум, пщӀыхьым хэтым дыхуэдащ дэ.


Аращи, фӀыуэ слъагъухэ, мыр фызэрагъэӀущащи, Тхьэм и унафэхэм текӀ цӀыхухэм я гъуэгу пхэнжхэм фызэрытемыхьэнми щыпкъагъэу фызытетым фызэрытемыкӀыжынми фыхуэсакъ.


Аращи, уафэм дэкӀуеижауэ, Тхьэм и Къуэ Хьисэ дин пашэшхуэу диӀэщи, дэ диӀэ фӀэщхъуныгъэм дытету щыпкъагъэкӀэ дривгъакӀуэ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ нэхъапэм дызыщыгугъа Ӏуэхухэм и кӀэм нэсыху дыхуэпэжмэ, дэ псори Мэссихь и гъусэхэм ящыщ дохъу.


Аращи, ди къуэшхэ, фыкъимыкӀуэту, жьэкӀи тхылъкӀи фэдгъэщӀа Ӏуэхухэм быдэу фытету гъуэгу захуэм фрикӀуэн хуейщ.


Епафрасу фи цӀыхухэм ящыщу Хьисэ Мэссихь хуэлажьэм фӀэхъус къывехыж. Ар Тхьэм пэжкӀэ фхуелъэӀу зэпытщ, Тхьэм и гъуэгум быдэу фытригъэтын, сыт и лъэныкъуэкӀи езыр зыхуей Ӏуэху псори зыхуэдэр нэсауэ къывгуригъэӀуэн папщӀэ.


Аращи, Мэссихь къывита щхьэхуитыныгъэм быдэу фытет, пщылӀыгъэм и бжьыр цӀыхухэм аргуэру зытревмыгъэлъхьэж.


ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуахэр а къалэхэм щагъэгушхуэри, фӀэщхъуныгъэм и гъуэгум темыкӀыну быдэу хуагъэуващ: – Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм* гугъуехь тшэчурэ дыщӀыхьэн хуейщ, – жраӀащ абыхэм.


Ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и цӀыху лъапӀэ псори и гъусэу мы дунейм къыщыкӀуэжкӀэ, зыми фызэригъэкъуэншэн лъэпкъ щымыӀэу, гукъабзагъэкӀэ Тхьэуэ ди Адэ лъапӀэм и пащхьэм фиувэн щхьэкӀэ, фи гур ирегъэбыдэ.


Си цӀэр зэрывгъэлъапӀэм щхьэкӀэ цӀыху псори жагъуэгъу къыфхуэхъунущ. Ауэ икӀэм нэсыху теубыдагъэ зиӀэр мыкӀуэду Тхьэм къригъэлынущ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ