Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Филиппи къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 3:9 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

9 икӀи ар си псэм щыщын щхьэкӀэ. Тхьэм щыпкъагъэ сиӀэу сызэрилъытэм сэ злэжьа ӀуэхуфӀхэм я Ӏуэху хэлъкъым. Сэ жыхуэсӀэр – Тхьэм щыпкъагъэ сиӀэу сыщӀилъытэр МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ зэрызиӀэм щхьэкӀэщ. Торэт хабзэм итхэр згъэзащӀэурэ, абы и Ӏуэху абы хэлъкъым. А щыпкъагъэу сиӀэр Тхьэм деж къокӀ, фӀэщхъуныгъэми тетщ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Филиппи къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 3:9
56 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ гуэныхь лъэпкъ зымылэжьа Мэссихь Тхьэм гуэныхьым и къурмэныпхъэ ищӀащ, Мэссихь ди псэм щыщу Тхьэм щыпкъагъэ диӀэу дилъытэн щхьэкӀэ.


Мэссихь Хьисэ фи псэм щыщ зыщӀар Тхьэращ. Мэссихь Хьисэ дэркӀэ Тхьэм деж къикӀа акъылыфӀагъэ хъуащ. Аращ Тхьэм щыпкъагъэ диӀэу дезыгъэлъытэри, дигухэр зыгъэкъэбзэжри, ди щхьэхэр къэзыщэхужари.


Ауэ дэ дыжуртми, мыр дощӀэ: ЦӀыху гуэрым Торэт хабзэм итхэр зэригъэзащӀэм щхьэкӀэ Тхьэм абы щыпкъагъэ иӀэу илъытэнукъым, атӀэ Хьисэ МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ зэриӀэм щхьэкӀэщ щыпкъагъэ иӀэу щӀилъытэр. Аращи, дэри МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ диӀэ хъуащ, МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ диӀэ зэрыхъуам щхьэкӀэ Тхьэм щыпкъагъэ диӀэу дилъытэн папщӀэ. Торэт хабзэм итхэр дгъэзэщӀэным и Ӏуэху абы хэлъкъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ, цӀыху гуэрым Торэт хабзэм итхэр зэригъэзащӀэм щхьэкӀэ Тхьэм а цӀыхум щыпкъагъэ иӀэу илъытэнукъыми.


Аращи, зи гуэныхьыщӀэ щэныжьым и гъуэгу иримыкӀуэу Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и гъуэгу ирикӀуэ цӀыхуу, Мэссихь Хьисэ зи гум илъхэр Тхьэм зэикӀ игъэкъуэншэнукъым.


Тхьэм цӀыхум щыпкъагъэ иӀэу зэрилъытэ гъуэгур хъыбарыфӀым къегъэнахуэ. Япэм къыщыщӀэдзауэ и кӀэм нэсыху а Ӏуэхугъуэр зэщӀа зэрыхъур фӀэщхъуныгъэм и гъуэгукӀэщ, Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу, «ФӀэщхъуныгъэ зэриӀэм щхьэкӀэ, Тхьэм дежкӀэ щыпкъагъэ зиӀэр псэунущ».


дымыкӀуэду дыкъригъэлащ. Щыпкъагъэ зыхэлъ Ӏуэхуу дэ длэжьахэм я Ӏуэху абы хэлъакъым, атӀэ Тхьэм дымыкӀуэду дыкъыщӀригъэлар гущӀэгъуныгъэ зэриӀэм щхьэкӀэщ. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм ди гур къызэригъэкъэбзэжамкӀэ щӀэрыщӀэу дыкъалъхужауэ дищӀащ, ди гурылъхэри зэблихъуащ.


Тхьэр арщ дымыкӀуэду дыкъезыгъэлыр икӀи гукъабзагъэкӀэ дыпсэуну дыкъыхуезыджар. Апхуэдэу щӀищӀар езым ар и мурадти, и нэфӀ къызэрытщыхуарщ. Ди фӀыщӀагъэхэм я Ӏуэху абы хэлъкъым. Мэссихь Хьисэ къыпкъырыкӀыу Тхьэм и нэфӀ къыщытщыхуар лъэхъэнэ псоми япэкӀэщ,


Аращи, Мэссихь цӀыху гуэрым и псэм щыщ хъумэ, а цӀыхур Тхьэм щӀэрыщӀэу къигъэхъужащ. А цӀыхум и дуней тетыкӀэу щытар блэкӀащ, дуней тетыкӀэщӀэм щӀидзащ.


Тхьэ гъэлъэпӀэным си фӀэщу сыхэту, члисэ зэхуэсым щыщхэм гугъуехь езгъэшэчащ. Торэт хабзэм итхэр бгъэзащӀэурэ, абы и гъуэгукӀэ щыпкъагъэ уиӀэ хъуну щытмэ, зыми сызэригъэкъуэншэн лъэпкъ збгъэдэлъакъым.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зигурэ зи псэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ цӀыхум Тхьэм щыпкъагъэ иӀэу илъытэнущ икӀи цӀыхухэм я пащхьэм Хьисэ Зиусхьэну зэрыщытыр щыжызыӀэр мыкӀуэду Тхьэм къригъэлынущ.


Дэ ди гуэныхьыщӀэ щэныжьым и бзаджагъэм щхьэкӀэ Торэт хабзэм хузэфӀэмыкӀар Тхьэм ищӀащ. Езым и Къуэм гуэныхьыщӀэ цӀыхухэм я пкъым хуэдэ пкъы иӀэу, гуэныхьхэм щхьэкӀэ къурмэныпхъэ хъуну Тхьэм къигъэкӀуащ, апхуэдэуи а пкъымкӀэ гуэныхьыр игъэкъуэншащ.


ФыкӀуи, Тхьэм жиӀа мы псалъэхэм къарыкӀыр зэвгъащӀэ: «Къурмэн щӀыныракъым сызыхуейр, атӀэ гущӀэгъурщ». Щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхухэр къезджэну папщӀэкъым сыкъыщӀэкӀуар, атӀэ гуэныхь зыщӀэхэр я гуэныхьхэм хущӀегъуэжыным къыхуезджэн щхьэкӀэщ.


Езыращ лъагъуныгъэ мыкӀуэдыж къысхуэзыщӀыр, быдапӀэу икӀи хъумапӀэу сиӀэр, сыхэзышыжыр, мэӀу къысхуэхъур, щхьэегъэзыпӀэу сиӀэр; цӀыху лъэпкъхэр схуэӀурыщӀэну Абы си Ӏэ кърелъхьэ.


ИтӀани – цӀыхухэм пцӀы ятезымылъхьэу, бзэгузехьэныр зи мыщэну, зи зэран ныбжьэгъум езымыгъэкӀыу, зи гъунэгъур зымыубыр арщ.


КӀуэдащ щӀыгу щхьэфэм тета сыт хуэдэ псэущхьэри; цӀыхум къыщыщӀэдзауэ хьэкӀэкхъуэкӀэхэми, Ӏэщми, хьэпщхупщхэми, къуалэбзухэми нэсу, псори текӀуэдыкӀащ щӀылъэм: къэнар Нухь закъуэрэ абы и гъусэу кхъухьым ихьахэмрэщ.


Гуэныхь зыщӀэ дэтхэнэри Тхьэм и унафэм йобэкъуэ, гуныхь пщӀэмэ, абы и унафэм уебэкъуауэ арщи.


Сэ, Симон Петр, мы тхылъыр сотх. Сэ Хьисэ Мэссихь сыхуолажьэ, абы сриапостолщ. Ди Тхьэуэ дыкъезыгъэлыр Хьисэ Мэссихьщ. Абы и захуагъэщ зыми пэпщӀ мыхъун фӀэщхъуныгъэ диӀэ зэрыхъуар, апхуэдэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуа цӀыхухэращ мы тхылъыр зыхуэстхыр.


Дэ псоми Ӏуэхугъуэ куэдкӀэ гуэныхь дощӀэ. Езым и псалъэхэмкӀэ гуэныхь зымыщӀэ цӀыхур цӀыху нэгъэсауэ щытщ, ипкъ псори игъэӀурыщӀэн лъокӀ.


Апхуэдэу зэпхъуэкӀ мыхъуну ӀуэхуитӀ щыӀэщ. Ар Тхьэуэ зэрыщытым щхьэкӀэ, а ӀуэхуитӀыр зэримыгъэзэщӀэн гъуэгу щыӀэкъым. Дэ, Тхьэр хъумакӀуэ зыхуэхъуну абы и гъунэгъу хъуа цӀыхухэр, Тхьэм дяпэ кърилъхьа Ӏуэхуу дызыщыгугъыу, дызыпэплъэхэр зылъэдгъэӀэсыну мы ӀуэхуитӀым дагъэгушхуэ.


Си унэкъуэщу Андроникрэ Юнийрэ, лъэхъуэщым къыздыщӀэсу щытахэм, фӀэхъус схуефхыж. Ахэр апостол цӀэрыӀуэхэм ящыщщ. Си япэ абыхэм МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ.


Аращи, цӀыхухэр гуэныхь лэжьыным и ӀэмыщӀэ илъти, лӀэныгъэр Ӏыхьэу абыхэм къалъигъэсащ Тхьэм. Апхуэдабзу Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэм и ӀэмыщӀэ цӀыхухэр зэрилъым щхьэкӀэ, абыхэм щыпкъагъэ яӀэу илъытэнущ Тхьэм. Аращи, Хьисэ Мэссихьу ди Зиусхьэным кыпкъырыкӀыу мыкӀуэдыжын гъащӀэ яӀэ хъунущ абыхэм.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ