Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Филиппи къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 3:8 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

8 Пэжщ, Ӏуэху псоми пщӀэ ямыӀэжу солъытэ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ си Зиусхьэн Мэссихь Хьисэ зыхуэдэр зэзгъэщӀэныр Ӏуэхуу щыӀэ псом нэхъри нэхъыфӀщ. Абы сыхуэлэжьэн щхьэкӀэ, псори хэзнащ, Ӏуэху псоми пщӀэ ямыӀэжу солъытэ, Мэссихь си ӀыхьэфӀ хъун

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Филиппи къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 3:8
53 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Мы зэманым тшэч гугъуехьхэр щӀыхьышхуэу Тхьэм иджыри къэс цӀыхухэм яримыгъэщӀауэ диӀэ ищӀынум хуэбгъадэ зэрымыхъунум шэч къытесхьэркъым.


Сэ си псэр сэркӀэ лъапӀэу икӀи уасэ иӀэу сыбжыркъым, ауэ Зиусхьэн Хьисэ си пщэм кърилъхьа Ӏуэхур згъэзэщӀэн хуейщ: Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэм теухуа хъыбарыфӀым цӀыхухэр езгъэдэӀуэну арщ.


Ауэ сэ си фӀагъ къызыхэкӀыу щыта Ӏуэхухэм, Мэссихь зыхуэдэр зэзгъэщӀэн щхьэкӀэ, пщӀэ ямыӀэжу солъытэ иджы.


ЦӀыхухэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ яӀэ зэрыхъу гъуэгур уэ Тхьэ щыпкъэ закъуэр узэращӀэнури, уэ къэбгъэкӀуа Хьисэ Мэссихь зэращӀэнури аращ.


Мэссихь зыхуэдэр зэзгъэщӀэну сыхуейщ, ар лӀахэм къазэрыхэтэджыкӀыжам къыхэкӀ лъэкӀыныгъэр зыхуэдэри зэзгъэщӀэну сыхуейщ. Мэссихь ишэча гугъуехьхэм си Ӏыхьэр яхэлъыну, ар щылӀэм зэрыщытам хуэдэу, сэри сыхъуну сыхуейщ.


Тхьэм и фӀэлӀыкӀ ди гум илъу дыпсэун щхьэкӀэ, дызыхуэныкъуэ псори Мэссихь Тхьэм и лъэкӀыныгъэшхуэкӀэ къыдитащ. Ар щӀилэжьар Тхьэуэ зи щӀыхьышхуэкӀи и фӀыгъуэшхуэкӀи и бынхэм ящыщ дыхъуну дыкъыхуезыджар зэрытщӀэращ.


Фи деж сыщыщыӀэм, Хьисэ Мэссихь и хъыбарым фӀэкӀа зыри сымыщӀэным тезубыдащ, псом япэу сщӀэр езыр жорым зэрыраӀулӀарщ.


Тхьэм и Къуэр къакӀуэу, Тхьэ пэжыр тщӀэну зэхэщӀыкӀ къызэрыдитари дощӀэ. Щыпкъагъэр Зигу Илъыр ди псэм щыщщ – Тхьэм и Къуэу Хьисэ Мэссихьыр арщ. Ар Тхьэ щыпкъэу щытщ икӀи цӀыхухэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ езытыр аращ.


сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ уэ си ӀэмыщӀэ къиплъхьа псалъэхэр сэ абыхэм я ӀэмыщӀэ ислъхьэжащ. Абыхэми а псалъэхэр ящтащ. Сэ уэ сызэрыпщыщыр зэрыщыпкъэр зэрагъэщӀащ, уэ сыкъызэрыбгъэкӀуамкӀи фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ.


Адэр си псэм зэрыщыщри, фэри си псэм фызэрыщыщри, сэри фи псэм сызэрыщыщри а махуэм къэфщӀэнущ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ нэхъапэм дызыщыгугъа Ӏуэхухэм и кӀэм нэсыху дыхуэпэжмэ, дэ псори Мэссихь и гъусэхэм ящыщ дохъу.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ «КӀыфӀыгъэм нэху къыхрекӀ», жызыӀа Тхьэм и нэхур ди гум къридзащ. А нэхум Тхьэм и щӀыхьышхуэу Мэссихь и нэгум къищыр зыхуэдэр дегъащӀэ.


Сэ сыфцӀыхумэ, си Адэри фоцӀыху. Си Адэр джы щыщӀэдзауэ фоцӀыху икӀи флъэгъуащ.


Апхуэдэу, дэ псоми Тхьэм и КъуэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ диӀэу, ар зыхуэдэри тщӀэуэ, зы дыхъунущ икӀи Мэссихь и щыпкъагъэм щыщӀагъэ лъэпкъ хэмылъу, цӀыху нэгъэсауэ зэрыщытым хуэдэу, дэри, ди щыпкъагъэм щыщӀагъэ лъэпкъ хэмылъу, цӀыху нэгъэса дыхъунущ.


Ди Зиусхьэну ди КъегъэлакӀуэ Хьисэ Мэссихь и нэфӀыр зэпымыууэ къызэрыфщыхуэным икӀи езыр нэхъыфӀу зэрыфщӀэным и ужь фит. Ноби мыкӀуэдыж махуэм нэсыхуи щӀыхьышхуэр ейщ абы. Ӏэмин.


Гъусэ фыкъытхуэхъун щхьэкӀэ, дэ тлъэгъуам икӀи зэхэтхам и хъыбар фхудоӀуатэ. Благъэ дызыхуэхъуар Адэ лъапӀэмрэ Абы и Къуэ Хьисэ Мэссихьрэщ.


Сэ къурмэныпхъэ сыхъуу, дунейм сехыжыну си зэманыр къэсащ.


– Уэ узи-Зиусхьэнщ икӀи узи-Тхьэщ, – жриӀащ Фомэ Хьисэ.


Адэ лъапӀэри сэри дызэрамыцӀыхум щхьэкӀэ а Ӏуэхухэр ялэжынущ.


А цӀыхухэр дэ къытхэкӀащ, ауэ дэ тщыщакъым. Дэ тщыщу щытамэ, ахэр ди деж къэнэнут. Ауэ дэ тхэкӀащ, абыхэм ящыщ зыри дэ зэрытщымыщыр нахуэ хъуащ а щӀыкӀэмкӀэ.


ФӀэщхъуныгъэ зиӀэ фэркӀэ а мывэр лъапӀэщ. Ауэ фӀэщхъуныгъэ зимыӀэхэмкӀэ «УхуакӀуэхэм зрамыпэсу хыфӀадзэжа мывэр унэр зэтезыӀыгъ мывэ лъабжьэ хъуащ»,


ШейтӀану мы дунейм и тхьэм фӀэщхъуныгъэ зимыӀэхэм я гур нэф ищӀащ. Апхуэдэу щӀищӀар Тхьэм хуэдабзэу щыт Мэссихь и щӀыхьышхуэм теухуа хъыбарыфӀым и нэхуу абыхэм къатепсэр ямылъагъун щхьэкӀэщ.


Тхьэм жыхуиӀэр дэркъэ шэчыншэу? Аращ, дэр щхьэкӀэщ ар щӀатхар; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ вакӀуэлӀри гъавэ зыӀуэ лӀыри я Ӏыхьэ а гъавэм къыхэкӀыну гугъэ ямыӀэу лажьэ хъунукъым.


Щилъагъум, абыхэм Мэрием къыжраӀащ: – ЦӀыхубз, сыт уэ ущӀэгъыр? – Си Зиусхьэным и хьэдэр щӀахащ, здахьари сщӀэркъым, – жиӀащ Мэрием.


Сэ жин бзаджэхэр цӀыхухэм зэрахэсхужыр Тхьэм и Ӏэпхъуамбэращи, абы къикӀыр Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр къыфхыхьауэ арщ.


Сэ сыхэт, си Зиусхьэным и анэр си деж къэкӀуэну?


уафэм сыт ищӀыс щыӀэми, щӀы щӀагъым сыт ищӀыс щыӀэми, а фӀылъагъуныгъэм дыбгъэдишын зыми хузэфӀэкӀынукъым. Тхьэм къигъэщӀа псоми ящыщ зыми Тхьэм Хьисэ Мэссихьу ди Зиусхьэным къыдигъэлъагъуну ищӀа фӀылъагъуныгъэм дыбгъэдишын лъэкӀынукъым.


Сэ сы-Паулщ. Тимофейрэ сэрэ Хьисэ Мэссихь дыхуолажьэ. Тимофей си гъусэу фэ, Филиппи къалэм дэсу, Тхьэм и цӀыху лъапӀэу, Мэссихь Хьисэ зи псэм щыщхэм, фи члисэ зэхуэсым и Ӏэтащхьэхэм, и дэӀэпыкъуэгъухэм фи гъусэу, мы тхылъыр ныфхузотх.


А сызыщыгугъ Ӏуэхухэм салъэӀэсауэ, е си щыпкъагъэм щыщӀагъэ лъэпкъ хэмылъу, цӀыху нэгъэса сыхъуауэ жысӀэркъым. Ауэ а Ӏуэхухэм сазэрылъэӀэсыным сыхущӀокъу, Мэссихь Хьисэ и цӀыхухэм ящыщ сыхъуну къызэрыслъэӀэсам хуэдэу.


Ди Тхьэмрэ ди Зиусхьэну Хьисэ Мэссихьрэ фӀыуэ зэрыфщӀэм щхьэкӀэ Тхьэм и нэфӀ къыфщрехуи гузэгъэгъуэшхуэ къыфлърес зэпыт.


А псори фхэлъмэ икӀи ахэр вгъэбагъуэмэ, зыгуэр къывэмыуалӀэу, фӀы гуэри къыфдэмыкӀуэу къэнэнкъым, ди Зиусхьэну Хьисэ Мэссихь нэхъ благъэ фыхуэхъунущ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ