Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Филиппи къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 3:3 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

3 Сунэт ипэжыпӀэкӀэ ящӀар дэращ, – дэ, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀэ Тхьэм хуэлажьэу, Мэссихь Хьисэ ирипагэу, пкъым епха Ӏуэхухэм ящымыгугъхэр.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Филиппи къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 3:3
32 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Ар фи псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ сунэт фащӀам фыхуэдэщ. ЦӀыхухэм ӀэкӀэ ящӀа сунэткъым ар, атӀэ къызыпкърыкӀар Мэссихьщ. Ар къыщыхъуар Мэссихь фи гуэныхьыщӀэ щэныжьыр щызыхывигъэна махуэрщ.


Ауэ иджы Торэт хабзэу дызыӀыгъам и Ӏуэху къытхэмылъыжу, а хабзэм дежкӀэ цӀыху лӀахэм яхуэдэ дыхъущ, Тхьэм Торэт хабзэм и тепщэныгъэм дыкъыщӀихыжри, щхьэхуит дищӀыжащ. Аращи, Тхьэм дызэрыхуэлажьэ щӀыкӀэр нэхъапэм ятха хабзэм тетукъым, атӀэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и хабзэщӀэм тетущ.


Тхьэм и Псэ ЛъапӀэращ гъащӀэ къыдэзытар, абы дызэриущийм тету дыпсэун хуейщ.


Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэу фи гум кърилъхьам фигъэпщылӀу икӀи фигъэшынэу щыткъым. Ауэ Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэу фи гум кърилъхьам Тхьэм и бын хуэдэу фелъытэ. Езым и Псэ ЛъапӀэм, «Аббэ, Адэ лъапӀэ», жытӀэу, Тхьэм дрегъаджэ.


НасыпыфӀэщ Тхьэм и хьэкумыр зыщымыгъупщэу, сыт щыгъуи щыпкъагъэ хэлъу зекӀуэхэр!


Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀэ Тхьэр къывдэӀэпыкъуну сыт щыгъуи фелъэӀу, фызыхуэныкъуэхэмкӀи Тхьэм фелъэӀу. Фысакъыу икӀи фемышу, Тхьэм и цӀыху лъапӀэ псоми зэпымыууэ фахуелъэӀу.


сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и Къуэм теухуа хъыбарыфӀыр цӀыхухэм яхуэсӀуатэурэ, си гур етауэ сызыхуэлажьэр си щыхьэтщ. Абы селъэӀу щыхъукӀэ, фи гугъу зэпымыууэ зэрысщӀымкӀэ ар си щыхьэтщ.


Ауэ фэ, фӀыуэ слъагъухэ, гурэ псэкӀэ нэхъ къару зыхуэвгъуэтыжу, фи фӀэщхъуныгъэ лъапӀэ дыдэм и щыпкъагъэм фызэрытетыным фыхущӀэкъу. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀэ Тхьэм фелъэӀу.


уафэм сыт ищӀыс щыӀэми, щӀы щӀагъым сыт ищӀыс щыӀэми, а фӀылъагъуныгъэм дыбгъэдишын зыми хузэфӀэкӀынукъым. Тхьэм къигъэщӀа псоми ящыщ зыми Тхьэм Хьисэ Мэссихьу ди Зиусхьэным къыдигъэлъагъуну ищӀа фӀылъагъуныгъэм дыбгъэдишын лъэкӀынукъым.


Тхьэм и псалъэхэр имыгъэпэжауэ аркъым абы къикӀыр. Израил лъэпкъым щыщ псори аракъым израил цӀыху пэжу щытхэр.


Мы дунейм и цӀыхухэм я хабзэм хуэдэу, цӀыху куэдыр зэрызыщытхъужым щхьэкӀэ сэри сызыщытхъужынущ.


Мы унафэм тет цӀыху псоми Тхьэм и израил цӀыхухэми Тхьэм гузэгъэгъуэ къарырет, гущӀэгъуи къахурещӀ.


Сэ сы-Паулщ. Тимофейрэ сэрэ Хьисэ Мэссихь дыхуолажьэ. Тимофей си гъусэу фэ, Филиппи къалэм дэсу, Тхьэм и цӀыху лъапӀэу, Мэссихь Хьисэ зи псэм щыщхэм, фи члисэ зэхуэсым и Ӏэтащхьэхэм, и дэӀэпыкъуэгъухэм фи гъусэу, мы тхылъыр ныфхузотх.


А сызыщыгугъ Ӏуэхухэм салъэӀэсауэ, е си щыпкъагъэм щыщӀагъэ лъэпкъ хэмылъу, цӀыху нэгъэса сыхъуауэ жысӀэркъым. Ауэ а Ӏуэхухэм сазэрылъэӀэсыным сыхущӀокъу, Мэссихь Хьисэ и цӀыхухэм ящыщ сыхъуну къызэрыслъэӀэсам хуэдэу.


Зэдэжэным хыхьэм хуэдэу, саугъэтыр къэсхьын щхьэкӀэ, и кӀэм нэс сызэрыкӀуэным сыхущӀокъу. Саугъэт жыхуэсӀэр уафэм сыщыпсэунырщ, икӀи ар къэсхьын щхьэкӀэ Хьисэ Мэссихь къыпкъырыкӀыу и цӀыхухэм ящыщ сыхъуну Тхьэм сыкъыхуриджащ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ