Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Филиппи къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 3:21 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

21 Езым и лъэкӀыныгъэшхуэ зэрылажьэмкӀэ, Ӏуэху псори и тепщэныгъэм зэрыщӀигъэувэмкӀэ дипкъ тхьэмыщкӀэхэр зэрихъуэкӀынурэ, щӀыхьышхуэ зиӀэ езым и пкъым хуэдэ ищӀынущ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Филиппи къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 3:21
18 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Ди гъащӀэ пэжу щыт Мэссихь къыщылъагъуэкӀэ, фэри абы фригъусэу щӀыхьышхуэ фиӀэу фыкъэлъэгъуэнущ.


ФӀыуэ слъагъухэ, иджы Тхьэм дрибынщ, ауэ дызыхуэдэ хъунур зэкӀэ нахуэ хъуакъым. Ар нахуэ хъуа нэужь, езым хуэдэу дызэрыхъунур дощӀэ, ар зыхуэдэр тлъагъунущи.


Тхьэм къыхиха цӀыхухэр езым и Къуэм хуэдэ хъуну игъэуващ, и Къуэр къуэш куэдым я пэ итын щхьэкӀэ.


Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ябгъэдыхьэри яжриӀащ: – Уафэми щӀылъэми тепщэныгъэ псори щызиӀэу си ӀэмыщӀэ илъщ.


Абдежым Хьисэ и теплъэм зыщихъуэжащ абыхэм я пащхьэм. И напэр дыгъэм хуэдэу зэщӀэлыдащ, и щыгъынхэри уэсым хуэдэу хужьыбзэ хъуащ.


ЛъэкӀыныгъэшхуэ псори зиӀэ Зиусхьэну щыӀауэ, щыӀэу икӀи игъащӀэкӀэ щыӀэну Тхьэм къыжеӀэ: «Алфэри Омегэри, япэрейри иужьрейри сэращ».


– Фыщоуэ, – жэуап яритащ Хьисэ абыхэм. – ФыщӀыщыуэр Тхьэм и псалъэу тхахэмрэ Тхьэм и лъэкӀыныгъэшхуэмрэ зэрывмыщӀэр арщ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ