ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Филиппи къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 3:14 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр14 Зэдэжэным хыхьэм хуэдэу, саугъэтыр къэсхьын щхьэкӀэ, и кӀэм нэс сызэрыкӀуэным сыхущӀокъу. Саугъэт жыхуэсӀэр уафэм сыщыпсэунырщ, икӀи ар къэсхьын щхьэкӀэ Хьисэ Мэссихь къыпкъырыкӀыу и цӀыхухэм ящыщ сыхъуну Тхьэм сыкъыхуриджащ. အခန်းကိုကြည့်ပါ။ |
Мэссихь теухуа, япэ дыдэ фагъэщӀа Ӏуэхухэм дыблэвгъэкӀи, зи ныбжь нэса цӀыхухэм зэрагъэщӀэн хуей Ӏуэхухэм захуэдвгъэгъазэ. Ди фӀэщхъуныгъэм и лъабжьэхэр аргуэру дывмыгъэгъэтӀылъыж. А лъабжьэ хъужыр мыращ: ЛӀэныгъэ къызыхэкӀыну Ӏуэху мыхъумыщӀэу фщӀахэм фахущӀегъуэжыныр, ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ фиӀэныр;
– Мусэ бегъымбарым и Торэт хабзэм итхэмрэ бегъымбархэм ятхахэм итхэмрэ Тхьэм хуэлажьэ цӀыхухэм адрей цӀыхухэр ирагъэдаӀуэу щытащ, умэхъакӀуэ Иуан и махуэхэм нэсыху. Абы къыщыщӀэдзауэ, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм теухуа хъыбарыфӀыр цӀыхухэм хуаӀуатэ икӀи хэти а Тепщэныгъэшхуэм щӀыхьэну пӀэщӀэгъуэкӀэ щӀокъу.