Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Филиппи къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 3:11 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

11 Апхуэдэу, Тхьэм лӀахэм сакъыхигъэтэджыкӀыжыным сыщогугъ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Филиппи къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 3:11
17 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

А илъэс миныр дэкӀыху, лӀауэ къэна адрейхэр къэхъужакъым. Мыхэращ лӀахэм япэ къахэтэджыкӀыжар.


Ди адэжьхэр Тхьэм къызэригъэгугъа дыдэращ ди лъэпкъым и унагъуэ лъэпкъ пщыкӀутӀыр жэщи махуи Тхьэм гурэ псэкӀэ хуэлажьэурэ, къагъуэтыну зыщыгугъыр. Ди пащтыхь, сэри абы сызэрыщыгугъыращ журтхэр къыщӀызэдауэр.


Тхьэмадэ Хасэшхуэм щыщ зы гупыр саддукейхэу, нэгъуэщӀ гупри фарисейхэу зэрыщытыр ищӀэрти, Тхьэмадэ Хасэшхуэм и пащхьэм Паул щыжиӀащ: – Си къуэшхэ, сэ сыфарисейщ, си адэри фарисейуэ щытащ. ЛӀахэр къызэрытэджыжынум сызэрыщыгугъым щхьэкӀэ, хеящӀэм и пащхьэм срашащ.


Фызхэм я лӀахэр къэхъужауэ ягъуэтыжащ. Тхьэм къыщигъэтэджыжкӀэ, нэхъ гъащӀэфӀ ягъуэтын щхьэкӀэ, нэгъуэщӀхэр (Тхьэр ягъэпцӀыну зэрамыдам щхьэкӀэ) я бийхэм щхьэхуиту къаутӀыпщыжакъым. Абыхэм гугъуехь ирагъэшэчурэ, ягъэлӀащ.


Хэту щытми, зыкӀи зыкъевмыгъэгъапцӀэ. ЦӀыхухэм я щӀыб Тхьэм хуагъэзэн, бзаджагъэм и цӀыхуу Тхьэм игъэкӀуэдыжынур къэлъэгъуэн и пэкӀэ, а махуэр къэсынукъым.


Аращи, нэхъыбэ схуэмыхьыжу, фи фӀэщхъуныгъэр зыхуэдэр зэзгъэщӀэн щхьэкӀэ Тимофейр фи деж нэзгъэкӀуащ. ЦӀыхухэм гуэныхь езыгъэщӀэну и ужь ит шейтӀаным зыгуэркӀэ фыдихьэхыу, ди Ӏуэхур пщӀэншэ хъуакӀэ сышынат.


Ауэ блэжьым Хьэуа зи цӀэр хьилагъэкӀэ зэригъэпцӀам хуэдэу, фэри фи щхьэр зэӀигъыхьэу, Мэссихь щыпкъагъэу хувиӀэм фи щӀыбагъ хуэвгъэзэнкӀэ сошынэ.


Си пкъым гугъуехь изогъэшэч икӀи согъэдаӀуэ, адрей цӀыхухэм хъыбарыфӀыр яхуэсӀуэта нэужь, Тхьэм лъэныкъуэ сримыгъэзын папщӀэ.


ФӀэщхъуныгъэ мащӀэ зиӀэхэм си фӀагъ езгъэкӀын щхьэкӀэ, фӀэщхъуныгъэ мащӀэ зиӀэхэм хуэдэу зысщӀащ. Лъэныкъуэ псомкӀи цӀыху псоми хуэдэу зысщӀащ, нэгъуэщӀ мыхъуми, цӀыху гуэрхэр мыкӀуэду къелын щхьэкӀэ.


Си Ӏуэхур щӀэзгъэлъапӀэр си лъэпкъым щыщхэр фэ хамэ лъэпкъхэм къывэзгъэфыгъуэну икӀи абыхэм ящыщ зы гуп мыкӀуэду Тхьэм къригъэлыну арщ.


– ЛӀахэр къыщытэджыжыну иужьрей махуэм ари къызэрытэджыжынур сощӀэ, – къыжриӀащ Марфэ.


ЯхуэпщӀар абыхэм къызэрыпхуамыщӀэжыфынум щхьэкӀэ, гъуэгу махуэ утеуващ. Щыпкъагъэ зиӀэ цӀыхухэр къыщытэджыжкӀэ, яхуэпщӀар Тхьэм къыпхуищӀэжынущ.


«КъэдаӀуэ, сыкъэпсэлъэнущ, си цӀыху лъэпкъ; Израил, уэ узгъэкъуаншэу щыхьэт сыхъунущ; Сэ сы-Тхьэщ, сэращ уэ уи Тхьэр!


ЩӀымахуэр щитхын кхъухь тедзапӀэфӀ абы зэрыщымыӀэм къыхэкӀкӀэ, а щӀыпӀэм дыщежьэу, Ӏэмал иӀэмэ, Финик зи цӀэ кхъухь тедзапӀэм дынэсу, щӀымахуэр абы щыдгъэкӀуэну нэхъыбэр зэгурыӀуащ. Финик зи цӀэ кхъухь тедзапӀэр Крит хытӀыгум и кхъухь тедзапӀэхэм ящыщт икӀи ипщэрабгъу-кхъухьэпӀэмкӀи ищхъэрабгъу-кхъухьэпӀэмкӀи хуэгъэзауэ щытт.


Ауэ а Ӏуэхур къызэрыхъунур хэти щичэзум дежщ: лӀахэм япэ къахэтэджыкӀыжар Мэссихьщ. Абы дунейм къыщигъэзэжкӀэ, и цӀыхухэр къэтэджыжынущ.


Иджы Зиусхьэным щыпкъагъэм и тажыр схуигъэхьэзыращ. А тажыр щыпкъагъэм тету хьэкум зыщӀэ Зиусхьэным къемэтмахуэм къысхуигъэфэщэнущ, ауэ сэ си закъуэкъым, ар дунейм къызэрыкӀуэжынум щыгуфӀыкӀа псори сэ сщӀыгъущ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ