Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Филиппи къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 2:6 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

6 Тхьэм и хьэл-щэныр Мэссихь Хьисэ хэлъа пэтми, Тхьэм зэрыхуэдэм и фӀагъ езым и щхьэм къригъэкӀыжыну и ужь итакъым.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Филиппи къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 2:6
37 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Арати, Хьисэ яукӀыну нэхъри нэхъ ерыщу абы и ужь ихьащ журтхэр. И ужь щӀихьар я хабзэкӀэ мыхъунур щэбэт махуэм зэрищӀам и мызакъуэу, Тхьэм зыхуигъадэурэ, «Тхьэр си Адэщ» зэрыжиӀэм щхьэкӀэт.


ШейтӀану мы дунейм и тхьэм фӀэщхъуныгъэ зимыӀэхэм я гур нэф ищӀащ. Апхуэдэу щӀищӀар Тхьэм хуэдабзэу щыт Мэссихь и щӀыхьышхуэм теухуа хъыбарыфӀым и нэхуу абыхэм къатепсэр ямылъагъун щхьэкӀэщ.


Тхьэм и щӀыхьышхуэм и нэхур и Къуэм къыбгъэдэкӀыу къыттопсэ; и Къуэм и щытыкӀэр Тхьэм и щытыкӀэм хуэдабзэщ, лъэкӀыныгъэшхуэ зиӀэ и псалъэмкӀэ щыӀэ псори щегъэӀэ; абы и Къуэм цӀыхухэм ягухэм гуэныхьхэр зэрыригъэкъэбзыкӀыжын гъуэгу къахуигъэпсащ, уафэми дэкӀуеижри, тепщэныгъэшхуэ псори зиӀэ Тхьэм и ижьырабгъумкӀэ бгъэдэтӀысхьащ.


Си Адэ, дунейр къэхъун и пэкӀэ уи деж сэ щызиӀа щӀыхьышхуэм хуэдэ щӀыхьышхуэр уи деж щызиӀэ щӀы.


– Ӏуэхур зэфӀэкӀащ, – къызжиӀащ итӀанэ. – Алфэри Омегэри, ублапӀэри ухыпӀэри сэращ. Псы хуэлӀэр гъащӀэ къэзыт псынэм и псым щыщ езгъэфэнущ пщӀэ щӀимыту.


Адэ лъапӀэмрэ сэрэ дызщ.


Хьисэ Мэссихь дыгъуасэ зэрыщытам хуэдэу, зызэримыхъуэкӀауэ ноби щытщ, игъащӀэкӀи щытынущ.


– Ӏуэху телъыджэ уэ зэрыблэжьам щхьэкӀэкъым мывэкӀэ дыноуэрэ удукӀыну дыщӀыхуейр, атӀэ уэ уцӀыху пэт, «Сэ сы-Тхьэщ» жыпӀэурэ, Тхьэр зэрыбгъэпцӀыращ, – къыжраӀэжащ журтхэм.


Ахэращ ди адэшхуэхэм къатехъукӀа цӀыхухэр. ЦӀыхум хуэдэу, езы Мэссихьи абыхэм я лъэпкъым щыщщ. Езыр арщ псоми нэхърэ нэхъ ину, мыкӀуэдыж щӀыхьышхуэр зиӀэ Тхьэр. Ӏэмин.


Зэрышэчыншэщи, ди фӀэщхъуныгъэм хэлъ щэхур инщ: Тхьэр цӀыхуу къэлъэгъуащ. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм абы и щыпкъагъэр къигъэнэхуащ, мелыӀычхэм заригъэлъэгъуащ. И ӀурыщӀэхэм абы и хъыбарыр хамэ лъэпкъхэм ирагъэщӀащ. Дунейм тет цӀыхухэм абыкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ. ЩӀыхьышхуэ иӀэу, Тхьэм ар уафэм дрихьеижащ.


– Уэ узи-Зиусхьэнщ икӀи узи-Тхьэщ, – жриӀащ Фомэ Хьисэ.


Ауэ си Адэм и Ӏуэхухэр злэжьмэ, сэркӀэ фӀэщхъуныгъэ фимыӀэми, а ӀуэхухэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зивгъэӀэ. Адэ лъапӀэр си псэм зэрыщыщри, сэри Адэ лъапӀэм и псэм сызэрыщыщри къэфщӀэнущ итӀанэ икӀи къывгурыӀуэнущ.


Езым къыхиха и Къуэ щӀасэр дунейм къыщытригъэхьэм, Тхьэм жиӀащ: «Тхьэм и мелыӀыч псоми ар ирегъэлъапӀэ».


Апхуэдэу дыпсэун хуейщ ди Тхьэшхуэу, дымыкӀуэду дыкъезыгъэл Хьисэ Мэссихь и щӀыхьышхуэр къыщылъэгъуэну махуэм дыпэплъэурэ. А гуфӀэгъуэ махуэр къызэрыкӀуэнум дыщыгугъыу дыпоплъэ.


«Хъыджэбзыр лъэщыджэ хъунущ, къуэи къилъхунущ. Абы цӀэуэ фӀащынур Еммануилщ. „Тхьэр ди гъусэщ“, аращ а цӀэм къикӀыр».


– Мыпхуэдизрэ сывигъусауэ иджыри къэс сыкъыумыцӀыхуауэ ара, Филипп? – жриӀащ абы Хьисэ. – Сэ сыкъэзылъэгъуам Адэ лъапӀэри илъэгъуащ. «Адэ лъапӀэр дыгъэлъагъу» дауэ къызжепӀэфрэ итӀани?


И Къуэм теухуауэ Тхьэм мыпхуэдэу жиӀащ: «Уэ, Тхьэ, уи тепщэныгъэшхуэ тахътэм игъащӀэкӀэ утесынущ. Уи тепщэныгъэшхуэм и башыр захуагъэрщ.


цӀыху псоми Адэ лъапӀэм щӀыхь зэрыхуащӀым хуэдэу, абы и Къуэми щӀыхь къыхуащӀын щхьэкӀэ. Абы и Къуэм щӀыхь къыхуэзымыщӀым ар къэзыгъэкӀуа Адэ лъапӀэми щӀыхь хуимыщӀу арщ.


– «СыфхэкӀыжми, фи деж сыкъэкӀуэжынущ» жысӀэу зэрывжесӀар зэхэфхащ. Сэ фӀыуэ сыкъэфлъагъуу щытатэмэ, «Адэ лъапӀэм деж сыкӀуэжынущ» зэрыжысӀам щхьэкӀэ фыгуфӀэнт, Адэ лъапӀэр сэр нэхърэ нэхъыщхьэщи.


Тхьэр и нэкӀэ зыми илъэгъуакъым игъащӀэм. Къуэ закъуэу Адэ лъапӀэм деж щыӀэм Тхьэр зыхуэдэр къытхуигъэнэхуащ.


ИгъащӀэкӀэ мылӀэжын пащтыхьу, цӀыхухэм ямылъагъуу Тхьэ закъуэм мыкӀуэдыжын щӀыхьышхуэмрэ лъытэныгъэшхуэмрэ ейщ. Ӏэмин.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и нэфӀ къызэрытщыхуар фощӀэ. Ар хуэкъулейуэ щыта пэтми, дэр щхьэкӀэ тхьэмыщкӀэ хъуащ, и тхьэмыщкӀагъэмкӀэ фэ бей фыхъун щхьэкӀэ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ