4 Езым и щхьэм и Ӏуэху закъуэм иремыплъ хэти, нэгъуэщӀ цӀыхухэм я Ӏуэхуми ирыреплъ.
Езым и фӀагъ зыхэлъым и ужь иремыт хэти, атӀэ нэгъуэщӀ цӀыхухэм я фӀагъ зыхэлъым и ужь ирырет.
Дэ, фӀэщхъуныгъэшхуэ зиӀэхэр, ди фӀагъым и ужь димыту, фӀэщхъуныгъэ мащӀэ зиӀэхэм я хьэлъэхэмкӀэ дэӀэпыкъуэгъу дахуэхъун хуейщ.
Тхьэм и псалъэу тхахэм хэту, ди пащтыхьым и унафэу, «Уэ уи щхьэр фӀыуэ зэрыплъагъум хуэдэу, уи гъунэгъури фӀыуэ лъагъу», жыхуиӀэр вгъэпэжмэ, фӀы фощӀэ.
ГуфӀэхэм фадэгуфӀэ, гъыхэми фадэгъ.
Хэт гурэ псэкӀэ лъэкӀыныгъэ имыӀэми, сэ абы сригъусэщ. Хэт гуэныхьым зыӀэпишэми, сэ си гур мафӀэм ис къысщохъу абы щхьэкӀэ.
– Ауэ сэркӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ мы цӀыкӀухэм ящыщ гуэрым гуэныхь ищӀэну дезыгъэхьэх дэтхэнэми и пщэм щхьэл мывэ кӀэращӀэу, хым и кууупӀэм хадзэрэ ирагъэтхьэлатэмэ, езым дежкӀэ нэхъыфӀт.
ЦӀыхухэм дэ длэжь ӀуэхумкӀэ дамыгъэкъуэншэн щхьэкӀэ, цӀыху гуэрым и гъуэгум ар зыгъэлъэпэрэпэн мывэ тетлъхьэну дыхуейкъым.
ЦӀыху псори езыхэм я Ӏуэхухэм я ужь итщ, Хьисэ Мэссихь игъуэу илъытэ Ӏуэхухэм я ужь иткъым.