Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Филиппи къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 2:29 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

29 Зиусхьэныр фэ фи псэм зэрыщыщым хуэдэу, абы и псэми зэрыщыщым щхьэкӀэ, фыхуэгуфӀэу фыкъыпежьэ. Абы хуэдэ цӀыхухэм щӀыхь яхуэфщӀ,

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Филиппи къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 2:29
21 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Члисэ зэхуэсыр фӀыуэ зезыхьэ нэхъыжьхэм щӀыхь нэхъыбэ яхуэфащэщ, псом хуэмыдэжу Тхьэм и псалъэхэр цӀыхухэм хуаӀуатэурэ езыгъащӀэхэм.


Ди къуэшхэ, фэ къыфхуэлажьэу, Зиусхьэным и ӀуэхухэмкӀэ тепщэныгъэ къыфхузиӀэ цӀыхуу къывгурызыгъаӀуэхэм щӀыхь яхуэфщӀыну дыныволъэӀу.


Абыхэм сэ сигури фэ фигури ягъэпсэхужащ. Апхуэдэ цӀыхухэм щӀыхь яхуэфщӀ.


Зиусхьэныр абы и псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ, Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм зэрырагъэблэгъэн хуейм хуэдэу евгъэблагъи, зыхуэныкъуэмкӀэ дэӀэпыкъуэгъу фыхуэхъу, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыху куэдым, сэри сахэту, дэӀэпыкъуэгъу къытхуэхъуащ ар.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зи щхьэм щытхъужыракъым Зиусхьэным ищтэр, атӀэ езы Зиусхьэныр зыщытхъуращ.


Тимофей накӀуэмэ, фи деж шынагъуэ щыхэвмыгъахуэ. Сэ схуэдэу, абыи Зиусхьэным и Ӏуэху ещӀэ.


Аращи, сынакӀуэмэ, абы ищӀэ Ӏуэхухэр къэзгъэнэхуэнущ, ар псалъэ дыджкӀэ къызэрыттепсэлъыхьым щхьэкӀэ. Абы къыщымынэу, къуэшхэр иригъэблэгъэн идэркъым, езыгъэблэгъэну хуейхэми яхуимыдэу япоув икӀи члисэ зэхуэсым яхехуж.


Фи унафэщӀ къуэшхэм къыжаӀэм федаӀуэ икӀи абыхэм фахуэӀурыщӀэ, ахэр Тхьэм жэуап езытыжын хуей цӀыхухэм хуэдэу, фи псэхэм яхуэсакъыу къыкӀэлъоплъри. Я Ӏуэхур къехьэлъэкӀыурэ ямылэжьэу, гуфӀэу ящӀэн щхьэкӀэ, абыхэм федаӀуэ. Я Ӏуэхур къехьэлъэкӀыурэ ящӀэмэ, абы и фӀагъ къывэкӀыркъым.


Лъэхъуэщым къыздыщӀэс Аристарх фӀэхъус къывехыж. Варнавэ и унэкъуэщ Марки фӀэхъус къывехыж. Марк теухуауэ унафэ фхуэсщӀащ: Фи деж накӀуэмэ, екӀуу евгъэблагъэ.


Фи гур къытхузэӀуфх: Зыми ди ягъэ едгъэкӀакъым, зыри дгъэунэхъуакъым, зыми фейдэ къыпытхыну дыхэтакъым.


Тхьэм цӀыхухэм къалэн ящимыщӀмэ, абыхэм Мэссихь теухуа хъыбарыфӀыр дауэ зэрыхуаӀуэтэнур? Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу: «ХъыбарыфӀыр зыӀуатэ цӀыхухэм я лъакъуэхэр сыту дахащэ!»


Абыхэм пщӀэшхуэ къытхуащӀащ, дызыхуэныкъуэхэри къытхуахьащ дыкъыщежьэжым.


А къалэр гуфӀэгъуэшхуэм зэщӀищтащ апхуэдэурэ.


Махуэ къэс зэакъылэгъуу, Тхьэм и унэшхуэм щызэхуэс зэпытт. Я унэхэми щӀакхъуэр щызэгуащӀыкӀырт, зэщыгуфӀыкӀрэ ягу зэхуэкъабзэу зэдэшхэрт.


Пэж дыдэр нывжызоӀэ, сэ къэзгъакӀуэр къезыгъэблагъэм сэри сригъэблэгъауэ мэхъу, сэ сезыгъэблагъэми сэ сыкъэзыгъэкӀуари иригъэблэгъауэ мэхъу.


ЦӀыхухэм фрамыгъэблагъэмэ, я къалэм фыкъыщыдэкӀыжкӀэ, мыхъумыщӀагъэу ящӀамкӀэ абыхэм я пащхьэм щыхьэт щыхъун щхьэкӀэ, фи лъакъуэхэм къакӀэрыпщӀа сабэр кӀэрывгъэщэщыж.


НыфхуэзгъэкӀуэжыну сыщӀыхуэпӀащӀэр ар фэ къыфхыхьэжмэ, фызэрыгуфӀэнур, сэ си гузэвэгъуэри нэхъ мащӀэ зэрыхъунур сощӀэри аращ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ