22 Ауэ си пкъым сыщыпсэуну щытмэ, фӀыгъуэ къызыпэкӀуэн Ӏуэху сщӀэн слъэкӀынущ. А ӀуэхуитӀым къыхэсхынур сщӀэркъым.
Абы къыхэкӀкӀэ, мы дунейм щыдгъэщӀэну къытхуэнэжа пӀалъэм цӀыхухэр зыщӀэхъуэпс Ӏуэху нэпцӀхэм дыдахьэхауэ дымыпсэууэ, Тхьэр зыхуейм дытету дывгъэпсэу.
Аращи, иджы псэур сэракъым, атӀэ си псэм щыщ Мэссихьыр арщ. Мы дунейм щызиӀэ гъащӀэр Тхьэм и КъуэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ си гум илъу сиӀэщ. Абы фӀыуэ силъагъури, и псэр сэр щхьэкӀэ итащ.
Ауэ си пкъым сыкъыхэнэныр фэркӀэ нэхъ сэбэпщ.
– Абы нэмыщӀу, си къуэшхэ, фэри фи тхьэмадэхэми Хьисэ ефщӀар фи гунэфыгъэкӀэ зэрыфщӀар сощӀэ сэ.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ мы дунейм дытет пэтми, мы дунейм и цӀыхухэм я гум илъыр ди гум илъу дызауэркъым.
ЩӀыхь хуэфщӀ Израилым и Тхьэу Зиусхьэным, телъыджащэхэр зылэжь закъуэм.
Фэр щхьэкӀи, Лаодикие къалэм дэсу фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм щхьэкӀи, си напэр зымылъэгъуа псом щхьэкӀи хуабжьу сызэрылажьэр фэзгъэщӀэну сыхуейщ.
Тхьэр езым къыхиха лъэпкъым хуэмеиж хъуакъым. Тхьэм и псалъэ тхахэм, Иляс бегъымбарым и хъыбар зэрытым деж, жиӀэр фщӀэркъэ? Иляс бегъымбарыр израил цӀыхухэм ятеухуауэ Тхьэм и пащхьэм мыпхуэдэу жиӀэурэ щытхьэусыхащ:
Ауэ абы имыдэу жриӀащ и зиусхьэным и фызым: – Си зиусхьэныр зыкӀи гумэщӀыркъым, езым иӀэ псори си ӀэмыщӀэ кърилъхьащи;
Ауэ Абимэлэх жиӀащ: – СщӀэркъым ар зыщӀар, уэри къызжепӀакъым; сэ уеблэмэ зэхэсхагъэххэкъым абы и гугъу иджыри къэс.
Фи деж сынэкӀуэну куэдрэ си гум илъу зэрыщытар фщӀэн хуейщ, си къуэшхэ, ауэ иджыри къэс Ӏуэху гуэр къыслъыкъуэкӀыурэ къекӀуэкӀащ. НэгъуэщӀ лъэпкъхэм я деж фӀыгъуэ къызыхэкӀ Ӏуэху зэрыщысщӀам хуэдэу, фи дежи Ӏуэху щызлэжыну сыхуейщ.
А ӀуэхуитӀым сыхагъэзыхь. Мы дунейм сехыжу, Мэссихь сригъусэну сыхуейщ. Ар куэдкӀэ нэхъыфӀщ.