Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Апостол Паул Филимон хуитха тхылъ 1:9 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

9 итӀани фӀылъагъуныгъэкӀэ сынолъэӀумэ нэхъ къызощтэ. Сэ, Паул, лӀыжьыр, Хьисэ Мэссихь зэрыхуэлажьэм щхьэкӀэ, лъэхъуэщым щӀадзауэ щӀэсыр,

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Апостол Паул Филимон хуитха тхылъ 1:9
17 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Сэ, Зиусхьэным сызэрыхуэлажьэм щхьэкӀэ, лъэхъуэщым сыщӀадзауэ сыщӀэсу сыныволъэӀу: Тхьэм фыкъызыхуриджа псэукӀэм хуэфащэу фыпсэу.


Аращи, Мэссихь дрилӀыкӀуэщ. Ди жьэкӀэ Тхьэр ныволъэӀу. Мэссихь и цӀэкӀэ дыныволъэӀу: Тхьэм фекӀуж.


Аращи, Тхьэм гущӀэгъу къызэрытхуищӀам щхьэкӀэ, хуабжьу сыныволъэӀу: Тхьэм и гум ирихьу, къурмэныпхъэ псэууэ, къурмэныпхъэ лъапӀэм хуэдэу, Тхьэм и ӀэмыщӀэ зифлъхьэ. Аращ гурэ псэкӀэ Тхьэр зэрывгъэлъэпӀэн хуейр.


Абы щхьэкӀэ сэ, Паул, Мэссихь Хьисэ сыхуэлажьэурэ, фэ хамэ лъэпкъхэм хъыбарыфӀыр зэрывэзгъащӀэм щхьэкӀэ лъэхъуэщым сыщӀадзауэ сыщӀэсщ.


ФӀыуэ слъагъухэ, фэ, хамэу икӀи мы дунейм хэхэсу щыпсэухэм, хъуэпсэныгъэ Ӏейуэ фи псэхэм къыпэувхэм пэӀэщӀэ зыфщӀыну сыныволъэӀу.


Псом хуэмыдэжу сыщӀывэлъэӀур фи деж Тхьэм щӀэх нызигъэгъэзэжыну фелъэӀунырщ.


Дэ, Тхьэм дэлажьэхэр, Тхьэм и нэфӀ пщӀэншэу къыфщыхуауэ къызэрыщӀэмыкӀыным фыхуэсакъыну дыныволъэӀу.


ЩӀыхь хуэфщӀ Израилым и Тхьэу Зиусхьэным, телъыджащэхэр зылэжь закъуэм.


Губгъуэ нэщӀым ис цӀыхухэм бгъэгукӀэ зыщрадзых абы и пащхьэм, сабэм иребзей и бийхэр.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Мэссихь ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зэрывиӀэм папщӀэ, фэ псори Тхьэм фрибынщ.


Ӏэпхлъэпх сащӀауэ, мы хъыбарыфӀым срилӀыкӀуэщ. ХъыбарыфӀыр гушхуэныгъэкӀэ къызэрыжысӀэн хуейм хуэдэу къыжысӀэну, Тхьэм фысхуелъэӀу.


Ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихьу си Ӏуэхур злэжыну лъэкӀыныгъэ къызэзытам фӀыщӀэ хузощӀ. Абы дзыхь къысхуищӀу, мы Ӏуэхур си пщэм къызэрыдилъхьам щхьэкӀэ фӀыщӀэ хузощӀ.


ЛӀы нэхъыжьхэр ущий зашыӀэну, щӀыхь яхэлъу псэуну, гулъытэ яӀэну икӀи фӀагъ къызыпыкӀ фӀэщхъуныгъэр, фӀылъагъуныгъэр, теубыдагъэр зыхалъхьэну.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ