Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Маттэ 9:8 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

8 ЦӀыху гупышхуэм ар щалъагъум, ягъэщӀэгъуащ. ЦӀыхухэм Хьисэ апхуэдэ тепщэныгъэ къезыта Тхьэм щӀыхь хуащӀащ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Маттэ 9:8
22 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

ЦӀыхухэр зэрыгъэщтэжащ абдежым икӀи Тхьэм щӀыхь хуащӀу жаӀащ: – Бегъымбарышхуэ къытхэкӀащ. Тхьэр и лъэпкъым нэфӀкӀэ къеплъащ.


Бзагуэхэр псалъэу, Ӏэшэхэр Ӏэбэфу, лъашэхэр тэмэму зекӀуэу, нэфхэр къэплъэжу щалъагъум, цӀыху гупышхуэм ягъэщӀэгъуащ икӀи Израил и Тхьэм щӀыхь хуащӀащ.


Журт пашэхэм аргуэру «ФыкъыдэмыдаӀуэмэ, фэдгъэпшыныжынущ» кӀийуэ къыжраӀэри, къаутӀыпщыжащ. Абыхэм гугъуехь щӀрагъэшэчын щхьэусыгъуэ ягъуэтакъым, а къэхъуам щхьэкӀэ цӀыху псоми Тхьэм щӀыхь хуащӀу щӀадзакӀэти.


ЗауэлӀхэм я пашэм, къэхъуар щилъагъум, Тхьэм щӀыхь хуищӀри жиӀащ: – ИпэжыпӀэкӀэ, мы лӀыр щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхуу щытащ.


Абыхэм ящыщ зым зэрыхъужар щилъагъум, Тхьэм макъышхуэкӀэ фӀыщӀэ хуищӀурэ къигъэзэжащ.


ЛӀыр асыхьэтым къэтэджщ, и алэрыбгъур асыхьэтым къищтэжри, цӀыху псоми ялъагъуу, унэм щӀэкӀыжащ. Ар псоми икъукӀэ ягъэщӀагъуэу, икӀи Тхьэм щӀыхь хуащӀу, жаӀащ: – Мыпхуэдэ Ӏуэху зэи тлъэгъуакъым дэ!


ЦӀыхухэм си Адэм щӀыхьышхуэ зэрыхуевгъэщӀынур фэ куэду фӀыгъуэ къызэрыфпыкӀыращ. Апхуэдэу къэвгъэлъэгъуэнущ си гъуэгу фызэрырикӀуэр.


И Ӏэхэр а цӀыхубзым трилъхьэри, абы занщӀэу зиузэхужащ, Тхьэми щӀыхь хуищӀащ.


А псалъэхэр щызэхахым, ахэр щым хъуащ. Тхьэм щӀыхь хуащӀри, жаӀащ: – Хамэ лъэпкъхэри я гуэныхьхэм хущӀегъуэжынурэ, мыкӀуэдыжын гъащӀэ яӀэ хъуну Тхьэм игъуэу илъытащ абы щыгъуэ.


Ар щызэхахым, Тхьэм щӀыхьышхуэ хуащӀащ абыхэм. Паул къыжраӀащ итӀанэ: – Ди къуэш, журтхэм ящыщ мин бжыгъэхэм фӀэщхъуныгъэ яӀэ зэрыхъуари Мусэ и Торэт хабзэм я фӀэщу зэрыхэтри уолъагъу.


Къэхъуар хуабжьу ягъэщӀэгъуауэ, цӀыхухэм жаӀэрт: – Псори къохъулӀэ. Дэгухэм зэхахыу егъэхъуж, бзагуэхэри къегъэпсэлъэж.


Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ябгъэдыхьэри яжриӀащ: – Уафэми щӀылъэми тепщэныгъэ псори щызиӀэу си ӀэмыщӀэ илъщ.


ЦӀыху гупышхуэм, хуабжьу ягъэщӀагъуэу, жаӀащ: – Мыр Даут и Къуэу Мэссихьыр армырауэ пӀэрэ?


Аращи, цӀыхухэм я пащхьэм фи нэхур щреблэ, фи фӀыщӀагъэхэр ялъагъуу, фи Адэ лъапӀэу уафэм щыӀэм щӀыхь хуащӀын щхьэкӀэ.


А лӀыр къэтэджри, и унэм кӀуэжащ.


Мэлыхъуэхэм зэхаха икӀи ялъэгъуа псом щхьэкӀэ Тхьэр ягъэлъапӀэу, фӀыщӀэшхуи хуащӀу ягъэзэжащ. А Ӏуэхухэр зэрекӀуэкӀар мелыӀычым абыхэм къазэрыжриӀэгъам тетущ.


Мы лӀы хамэ закъуэм фӀэкӀа, къигъэзэжу Тхьэм фӀыщӀэ хуэзыщӀын зыри къахэмыкӀауэ аракъэ?


Нэфым и нэхэр къэплъэжащ асыхьэтым, Тхьэм щӀыхь хуищӀу, Хьисэ и ужь иуващ ар. Ар щалъагъум, цӀыху псоми Тхьэм щытхъу хуаӀэтащ.


Къуэшхэм дэӀэпыкъуэгъу фахуэхъуурэ, фи щыпкъагъэр къэвгъэнэхуащ. Аращи, Мэссихь теухуа хъыбарыфӀым щыхьэт фызэрыхуэхъум икӀи фызэредаӀуэм щхьэкӀэ, абыхэм Тхьэм щӀыхьышхуэ хуащӀынущ. Абы нэмыщӀ, фи мылъкум фыщымысхьу фи мылъкум абыхэми нэгъуэщӀ цӀыхухэми зэрахуэвгуэшым щхьэкӀэ а къуэшхэм Тхьэм щӀыхь хуащӀынущ.


Тхьэр зымыщӀэхэм я пащхьэм тэрэзу фыщыпсэу. «Мы цӀыхухэр бзаджащӀэхэщ», жаӀэурэ ӀейкӀэ къыфтепсэлъыхь пэтми, фи фӀыщӀагъэхэр ялъагъунурэ, Тхьэр абыхэм къащыхэплъэну махуэм Тхьэм щӀыхьыр хуащӀынущ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ