36 Мэлыхъуэ зыбгъэдэмыт мэл хъушэм хуэдэу ешауэ, захъумэжын ялъэмыкӀыу цӀыхухэр щилъагъум, Хьисэ игу ящӀэгъуащ.
Хьисэ кхъуафэжьейм къикӀыу, цӀыху гупышхуэр щилъагъум, а цӀыхухэр мэлыхъуэ зыпэрымыт мэл хъушэм хуэдэти, игу ящӀэгъуащ икӀи Ӏуэхугъуэ куэд яригъащӀэу щӀидзащ.
Хьисэ кхъуэфэжьейм къикӀыу, цӀыху гупышхуэр щилъагъум, игу ящӀэгъури, сымаджэу яхэтыр игъэхъужащ.
Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр къриджэри яжриӀащ: – Мы цӀыхубэм сигу ящӀогъу; махуищ мэхъу зэрызигъусэри, шхын яӀухуакъым. МэжалӀэу сутӀыпщыжыну сыхуейкъым. Къарууншэ хъунурэ, гъуэгум текӀуэдэнущ ахэр.
– Израил цӀыхуу мэл щхьэрыуахэм я закъуэщ сэ Тхьэм сыкъызыхуигъэкӀуар, – жиӀащ Хьисэ.
Дин пашэшхуэр гурэ псэкӀэ лъэкӀыныгъэ зимыӀэ цӀыхуу зэрыщытым щхьэкӀэ, зэхэщӀыкӀ ямыӀэу гъуэща цӀыхухэм гущабагъэкӀэ ядэгъуэгурыкӀуэн лъокӀ.
Дин пашэшхуэу диӀэр лъэкӀыныгъэ зэрыдимыӀэр къызыгурыӀуэн зылъэмыкӀ дин пашэшхуэкъым. ШейтӀаным гуэныхь дигъэщӀэну зэрыхэтым хуэдэу, ди дин пашэшхуэми сыт и лъэныкъэукӀи гуэныхь иригъэщӀэну хэтащ ар, ауэ гуэныхь иригъэщӀэн хущӀэфӀэкӀакъым.
Абы и пӀэкӀэ, израил цӀыхухэу мэл щхьэрыуахэм ещхьхэм я деж фыкӀуэ.
Мы цӀыхубэм сигу ящӀогъу; махуищ мэхъу зэрызигъусэри, дзэкъэгъуэ яӀухуакъым.