32 Хьисэрэ абы и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ унэм къыщыщӀэкӀыжым, жин бзаджэм иӀыгъ лӀы бзагуэ гуэр цӀыхухэм къыхуашащ.
Арати, Хьисэ теухуа хъыбарыр Сирие хэку псом щызэлъащӀысащ. Узыфэ зэмылӀэужьыгъуэхэр къызэфыкӀ сымаджэ псори цӀыхухэм къыхуашэрт абы; жин бзаджэм иӀыгъхэри, къэмэххэри, пкъыуэ хъуахэри игъэхъужырт.
Бзагуэ гуэрым и бзэр зубыда жин бзаджэр хихужат Хьисэ. Жин бзаджэр хэкӀыжа нэужь, бзагуэу щыта цӀыхур къэпсэлъэжащ. ЦӀыхухэм ягъэщӀэгъуащ ар.