27 А щӀыпӀэм къыщикӀыжым, Хьисэ и ужь лӀы нэфитӀ къиувауэ къыкӀэлъыджэрт: – Даут и Къуэ, гущӀэгъу къытхуэщӀ!
А лъэныкъуэм къикӀа, Ханаан хэкум щыщ цӀыхубз гуэр Хьисэ деж къакӀуэри, кӀий-гуоуэ жиӀащ абы щыгъуэ: – Зиусхьэну Даут и Къуэ, гущӀэгъу къысхуэщӀ. Жин бзаджэ гуэрым си пхъур хуабжьу гугъу ирегъэхь.
Нэфхэр къоплъэж, лъашэхэр тэрэзу зекӀуэ, уэшын уз зэфыкӀхэр узыншэ, дэгухэм зэхах мэхъуж, лӀахэр къотэджыж, тхьэмыщкӀэхэм хъыбарыфӀыр къалъоӀэс.
жиӀащ: – Зи щӀыхь ин, си къуэм гущӀэгъу къыхуэщӀ. МазэщӀэр къыщыунэхукӀэ, хьэзабышхуэ телъщ абы. МафӀэми псыми куэд дыдэри хохуэ.
Тхьэм и псалъэ тхахэм хэткъэ Мэссихь Даут пащтыхьым къытехъукӀа цӀыхухэм къазэрыхэкӀынури, Даут зыдэса Бэтлэхьэм къалэм зэрыщыщынури?
А зэманым сымаджэ куэди, узыфэ Ӏей зэфыкӀ куэди, жин бзаджэм иӀыгъ цӀыху куэди Хьисэ игъэхъужырт. ЦӀыху нэф куэди къигъэплъэжырт.
Ди адэшхуэу Даут и тепщэныгъэу къакӀуэм щӀыхьышхуэр ейщ! Хьусаннэ! Тхьэу Лъагэм щӀыхьышхуэр ейщ!
– Жин бзаджэм ар игъэкӀуэдын щхьэкӀэ, мафӀэми псыми куэдрэ хедзэ. Зыгуэр пхузэфӀэкӀынумэ, гущӀэгъу къытхуэщӀи, къыддэӀэпыкъу.
ЦӀыху гупышхуэу Хьисэ и пэ иту кӀуэхэми и ужь иту кӀуэхэми макъышхуэкӀэ жаӀащ: – Хьусаннэ Даут и Къуэм деж! Зиусхьэным и цӀэкӀэ къакӀуэм щӀыхьышхуэр ейщ! Хьусаннэ! Тхьэуэ Лъагэм щӀыхьышхуэр ейщ!
Даут и къуэмрэ Ибрэхьим и къуэмрэ къызыхэкӀа лъэпкъым щыщ Хьисэ Мэссихь и хъыбарщ мыр.
Дин пашэшхуэхэмрэ торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ* Хьисэ илэжьа Ӏуэху телъыджэхэр щалъагъум, сабийхэр Тхьэм и унэшхуэм щӀэту, «Хьусаннэ Даут и Къуэм деж!» жаӀэу къызэрыджар щызэхахым, ямыдэу
Ахэращ ди адэшхуэхэм къатехъукӀа цӀыхухэр. ЦӀыхум хуэдэу, езы Мэссихьи абыхэм я лъэпкъым щыщщ. Езыр арщ псоми нэхърэ нэхъ ину, мыкӀуэдыж щӀыхьышхуэр зиӀэ Тхьэр. Ӏэмин.
Хьисэ абыхэм яжриӀащ абдежым: – Мэссихь Даут и къуэу дауэ жаӀэнкӀэ хъуа?
макъышхуэкӀэ къэджащ ахэр: – Хьисэ, гъуазэ, гущӀэгъу къытхуэщӀ!
А хъыбарыфӀыр зытеухуар и Къуэращ. Ар цӀыхуу къэхъуауэ, Даут пащтыхьым къытехъукӀа цӀыхухэм ящыщащ.
Хьисэ унэм щӀыхьа нэужь, а лӀы нэфитӀыр къыбгъэдыхьащ. Хьисэ абыхэм еупщӀащ: – Сэ ар сщӀэн зэрыслъэкӀынур фи фӀэщ хъурэ? – Ди фӀэщ мэхъу, зи щӀыхь ин, – жаӀащ абыхэм.
Хьисэрэ и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ Ерихон къалэм къыщыдэкӀыжым, Хьисэ и ужь цӀыху гупышхуэ къиуващ.