Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Маттэ 9:26 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

26 А телъыджэм и хъыбар хэку псом щызэлъащӀысащ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Маттэ 9:26
11 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Арати, Хьисэ теухуа хъыбарыр Сирие хэку псом щызэлъащӀысащ. Узыфэ зэмылӀэужьыгъуэхэр къызэфыкӀ сымаджэ псори цӀыхухэм къыхуашэрт абы; жин бзаджэм иӀыгъхэри, къэмэххэри, пкъыуэ хъуахэри игъэхъужырт.


Ауэ а лӀыр ежьэри, къэхъуа псори жиӀэжурэ, зэрыхъужа щӀыкӀэм и хъыбарыр цӀыхухэм яхуиӀуэтэжащ. Абы къыхэкӀкӀэ, цӀыхухэм къалъагъуу Хьисэ къалэ гуэри дыхьэ хъунутэкъым, щӀыпӀэ пхыдзахэм щыӀэт. Ауэ дэни къикӀыурэ, цӀыхухэр абы деж къакӀуэрт.


Пащтыхьыр мы Ӏуэхухэм щыгъуазэщ, сытегушхуауэ абы и пащхьэми сыкъыщопсалъэ. Абы гу зылъимыта а Ӏуэхухэм зэрыхэмылъымкӀэ дзыхь хузощӀ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ мы Ӏуэху псори къуэгъэнапӀэ гуэрым къыщыхъуакъым.


Хьисэ цӀэрыӀуэ хъуати, и хъыбар Ирод пащтыхьым зэхихащ. Щызэхихым, мыпхуэдэу жиӀащ: – Ар умэхъакӀуэ Иуанырауэ къыщӀэкӀынщ. Ар лӀахэм къахэтэджыкӀыжащ, аращ апхуэдэ къару зыхэлъ Ӏуэху телъыджэхэр щӀилэжьыр.


АрщхьэкӀэ, унэм къызэрыщӀэкӀыжу, хъыбарыр яӀуэтэжу щӀадзэри, хэку псом хагъэӀуащ.


Арати, Хьисэ теухуа хъыбарыр Галилей хэку псом дэнэкӀи псынщӀэу щызэлъащӀысащ.


Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀэ Хьисэ Галилей хэкум игъэзэжащ итӀанэ. Хьисэ теухуа хъыбарыр а хэку псом щызэлъащӀысащ.


Аращи, Хьисэ теухуа хъыбарыр хэкум дэнэкӀи щызэлъащӀысащ.


Апхуэдэу щыт пэтми, Хьисэ и хъыбар нэхъапэм нэхърэ нэхъыбэу цӀыхухэм ялъэӀэс хъуащ. Хьисэ жиӀэхэм едэӀуэну, я узыфэхэри ирагъэгъэхъужыну цӀыху гупышхуэхэр абы деж къакӀуэрт.


Аращи, Хьисэ ищӀам и хъыбарыр Иудей хэку псоми абы и Ӏэхэлъахэ псоми щызэлъащӀысащ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ