Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Маттэ 9:22 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

22 ЗэплъэкӀри, а цӀыхубзыр щилъагъум, Хьисэ жиӀащ: – Умыдзыхэ, си хъыджэбз. Уи фӀэщхъуныгъэм уигъэхъужащ. Абдеж дыдэм къыщыщӀэдзауэ а цӀыхубзыр хъужащ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Маттэ 9:22
15 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Хьисэ цӀыхубзым жриӀащ: – Уи фӀэщхъуныгъэм умыкӀуэду укъригъэлащ. Гъуэгу махуэ. Уигу ирезагъэ.


– Уэ фӀэщхъуныгъэу уиӀэр инщ, цӀыхубз – жриӀащ Хьисэ абы. – Ауэ щыхъукӀэ, уэ узэрыхуейм хуэдэу къыбдрехъу. ЦӀыхубзым и пхъур а зы напӀэзыпӀэм хъужащ.


Пкъыуэ хъуа лӀы гуэр, алэрыбгъум телъу, Хьисэ деж къахьащ. Абыхэм я фӀэщхъуныгъэр щилъагъум, Хьисэ пкъыуэ хъуа лӀым жриӀащ: – Умыдзыхэ, си щӀалэ! Уи гуэныхьхэр къыпхуэгъуащ.


– Уи нэхэр къэплъэжынущ, – жриӀащ Хьисэ абы. – Уи фӀэщхъуныгъэм уигъэхъужащ.


Хьисэ а лӀым жриӀащ итӀанэ: – Къэтэджи, кӀуэж. Уи фӀэщхъуныгъэм уигъэхъужащ.


– Сипхъу, уэ уи фӀэщхъуныгъэм уигъэхъужащ. Гъуэгу махуэ. Уигу ирезагъэ.


– КӀуэж, – жриӀащ Хьисэ. – Уи фӀэщхъуныгъэм уигъэхъужащ. Нэфым и нэхэр асыхьэтым къэплъэжри, Хьисэ и ужь иту гъуэгум техьащ.


– Си хъыджэбз! – жриӀащ абы Хьисэ. – Уи фӀэщхъуныгъэм уигъэхъужащ. Гъуэгу махуэ, уигу ирезагъэ, уи узыфэр Тхьэм пщхьэщихауэ узыншэу упсэу!


Абыхэм я нэхэм еӀусэри, Хьисэ жиӀащ итӀанэ: – Фэ фи фӀэщ зэрыхъуам хуэдэу, къывдрехъу.


Махуэ зыбжанэкӀэ апхуэдэу ищӀа нэужь, Паул губжьщ, зыкъригъэзэкӀри, хъыджэбзыр зыӀыгъ жин бзаджэм жриӀащ: – Хьисэ Мэссихь и цӀэкӀэ мы хъыджэбзым ухэкӀыну унафэ пхузощӀ. Ар зэрыжиӀэу, жин бзаджэр хъыджэбзым хэкӀыжащ.


Ар къыщыжраӀэм, Ӏэтащхьэм игу къэкӀыжащ и къуэм плъыржьэрыр щыщхьэщыкӀар «Уи къуэр псэунущ» жиӀэу Хьисэ къыщыжриӀэгъа сыхьэт дыдэм зэрытехуэр. Езыми езым и унагъуэми фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ абы и ужькӀэ.


А гупсэхужыпӀэм и хъыбарыр абыхэм зэралъэӀэсам хуэдэу, дэри къытлъэӀэсащ. Ауэ абыхэм зэхаха хъыбарыфӀым и фӀагъ къекӀыу щытакъым, а хъыбарыфӀыр щызэхахым, я фӀэщ хъуатэкъыми.


Паул щыпсалъэм, а лӀыр едаӀуэрт. И нэхэр лӀым триубыдэри, хъужыну абы фӀэщхъуныгъэ иӀэу щилъагъум,


Къыщыхуашэм, Хьисэ жин бзаджэм егийри, жиныр щӀалэм хэкӀыжащ. ЩӀалэри асыхьэтым хъужащ.


Хьисэ дзэ пашэм жриӀащ итӀанэ: – КӀуэ, уэ уи фӀэщ зэрыхъуам хуэдэу, къыбдрехъу. Дзэ пашэм и унэӀутыр хъужащ а сыхьэт дэдэм.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ