21 игукӀэ мыпхуэдэу жиӀэри: «НэгъуэщӀ мыхъуми, Хьисэ и щыгъыным сеӀусэмэ, сыхъужынущ».
Паул и щӀыфэм еӀуса напэӀэлъэщӀхэри щыгъын щӀыӀутелъхэри сымаджэхэм тралъхьэрт. ЩытралъхьэкӀэ, ахэр хъужырт, ахэр зыӀыгъ жин бзаджэхэри яхэкӀыжырт.
НэгъуэщӀ мыхъуми, Хьисэ и щыгъын кӀапэм иригъэӀусэну лъаӀуэрт сымаджэхэр, щыгъын кӀапэм еӀуса псори узыншэ хъужырт.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Хьисэ цӀыху куэд игъэхъужырти, уз зыпкърыт цӀыху псоми зыкъыхуадзырт, абы къеӀусэн щхьэкӀэ.
Сымаджэ псори зыгъэхъужыф къару и пкъым къыхэкӀыу зэрыщытам щхьэкӀэ, цӀыху псори хущӀэкъурт Хьисэ зэреӀусэным.