14 Иуан и гъуэгу ирикӀуэхэр Хьисэ деж къакӀуэри, къыжраӀащ: – Фарисейхэмрэ дэрэ куэдрэ донэщӀ. Уэ уи гъуэгу ирикӀуэхэр щхьэ мынэщӀрэ?
– ФынэщӀын щыхъукӀэ, цӀыху фэрыщӀхэм ещхьу нэщхъеифэ зытевмыгъауэ; зэрынэщӀыр цӀыхухэм ирагъэлъагъун щхьэкӀэ, абыхэм я нэщхъыр зэхалъхьэ. Пэжыр нывжызоӀэ, абыхэм я Ӏыхьэр ягъуэтакӀэщ.
Иуан и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщхэмрэ зы журт гуэррэ диным тету зызэрыбгъэкъэбзэжын ӀуэхугъуэмкӀэ зэныкъуэкъуу щӀадзащ.
Иуан и гъуэгу ирикӀуэхэм нэхърэ Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр нэхъыбэ хъуурэ, Хьисэ ахэр зэриумэхъым и хъыбарыр фарисейхэм зэралъэӀэсар Хьисэ къищӀащ.
Иуан, лъэхъуэщым щӀэсу Хьисэ илэжьа Ӏуэхухэм я хъыбарыр щызэхихым, абы и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщ цӀыхуитӀ игъакӀуэри,
– Щауэр я гъусэхукӀэ, абы и гъусэхэм щыгъуэн ялъэкӀыну? – яжриӀащ Хьисэ абыхэм. – Ауэ щауэр абыхэм пэӀэщӀэ щащӀыну махуэхэр къэунэхунущ, абы щыгъуэ нэщӀ исынущ ахэр.