Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Маттэ 9:13 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

13 ФыкӀуи, Тхьэм жиӀа мы псалъэхэм къарыкӀыр зэвгъащӀэ: «Къурмэн щӀыныракъым сызыхуейр, атӀэ гущӀэгъурщ». Щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхухэр къезджэну папщӀэкъым сыкъыщӀэкӀуар, атӀэ гуэныхь зыщӀэхэр я гуэныхьхэм хущӀегъуэжыным къыхуезджэн щхьэкӀэщ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Маттэ 9:13
39 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Ар щызэхихым, Хьисэ жиӀащ: – Узыншэхэракъым дохутыр хуэныкъуэр, атӀэ сымаджэхэращ. Щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхухэр къезджэн папщӀэкъым сыкъыщӀэкӀуар, атӀэ гуэныхь зыщӀэхэр я гуэныхьхэм хущӀегъуэжыным къыхуезджэн щхьэкӀэщ.


ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр къыщӀэкӀуар кӀуэдыпӀэ ихуа цӀыхухэр къилъыхъуэурэ, мыкӀуэду къригъэлыну аращ.


– Щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхухэр къезджэн папщӀэкъым сыкъыщӀэкӀуар, атӀэ гуэныхь зыщӀэхэр я гуэныхьхэм хущӀегъуэжыным къыхуезджэн щхьэкӀэщ.


«Къурмэн щӀыныракъым сызыхуейр, атӀэ гущӀэгъур арщ» – Тхьэм жиӀа а псалъэхэм къригъэкӀыр къывгурыӀуэу щытатэмэ, лажьэ зимыӀэхэр вгъэкъуэншэнтэкъым;


ЦӀыху гуэрхэм къазэрыщыхъум хуэдэу, Зиусхьэным цӀыхухэр къызэригъэгугъар игъэзэщӀэныр хигъэтӀэсэнукъым. Тхьэм шыӀэныгъэ къыфхуиӀэщ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зы цӀыхуи кӀуэдыну хуэмейуэ, цӀыху псори я гуэныхьхэм хущӀегъуэжыну хуейщ ар.


Аращи, Тхьэм фэ гуэныхьу фщӀахэр къыфхуигъэгъун щхьэкӀэ, абыхэм фахущӀегъуэжи, Тхьэм и гъуэгу фытехьэ.


А псалъэхэр щызэхахым, ахэр щым хъуащ. Тхьэм щӀыхь хуащӀри, жаӀащ: – Хамэ лъэпкъхэри я гуэныхьхэм хущӀегъуэжынурэ, мыкӀуэдыжын гъащӀэ яӀэ хъуну Тхьэм игъуэу илъытащ абы щыгъуэ.


умэхъакӀуэ Иуан жиӀэрт: – Фи гуэныхьхэм фахущӀегъуэж, Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэр къэблэгъащи.


Израил цӀыхухэм ятелъ гуэныхьхэмкӀэ щӀригъэгъуэжу, ахэр къахуигъэгъун щхьэкӀэ, Тхьэм Хьисэ Зиусхьэну икӀи КъегъэлакӀуэу уафэм дришеижри, езым и ижьырабгъумкӀэ зыбгъэдигъэтӀысхьащ.


Ерусалим къыщыщӀэдзауэ дунейм тет лъэпкъ псори хиубыдэу, сэ, Мэссихьым, си цӀэкӀэ цӀыхухэр мы хъыбарым щрагъэдэӀуэнущ: Фи гуэныхьхэм фахущӀегъуэжи, Тхьэм ахэр къыфхуигъэгъунущ.


А зэманым къыщыщӀэдзауэ Хьисэ Тхьэм и псалъэхэм цӀыхухэр иригъэдаӀуэ хъуащ: – Фи гуэныхьхэм фыхущӀегъуэж, Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэр къэблэгъащи.


– Фи гуэныхьхэм фахущӀегъуэжи, Хьисэ Мэссихь и цӀэкӀэ псоми зыдвгъэумэхъ, Тхьэм фи гуэныхьхэр къыфхуигъэгъун щхьэкӀэ, – яжриӀащ Петр. – Тхьэм и тыгъэу езым и Псэ ЛъапӀэр фи гум кърилъхьэнущ итӀанэ.


Фи гуэныхьхэм фыхущӀегъуэжи, абы хуэфащэ ӀуэхуфӀхэр влэжь.


Гуэныхьу ящӀахэм хущӀегъуэжу Тхьэм зыхуагъэзэжынуи Зиусхьэн ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зрагъэӀэнуи журтхэмрэ алыджхэмрэ быдэу яхуэзгъэуващ.


Хьисэ яжриӀащ итӀанэ: – Тхьэм и псалъэу тхахэм мыпхуэдэу зэрыхэтым феджакъэ? «УхуакӀуэхэм зрамыпэсу хыфӀадзэжа мывэр унэр зытезыӀыгъ мывэ лъабжьэ хъуащ. Мыр Зиусхьэным къыбгъэдэкӀ Ӏуэхущ, икӀи ар дэ тфӀэтелъыджэщ».


– Даутрэ Даут и гъусэхэмрэ мэжалӀэ щыхъум, абы ищӀам феджакъэ? – яжриӀащ Хьисэ.


ЛӀахэм я къэтэджыжыкӀэ хъунур Мусэ бегъымбарым и тхылъым иту феджакъэ? Пыжь банэм и хъыбарыр здитым деж итщ Тхьэр Мусэ бегъымбарым къепсалъэу мыпхуэдэу къызэрыжриӀар: «Сэращ Ибрэхьими, Исхьэкъи, Екъуби я Тхьэр».


– Фэ фи Торэт хабзэм иткъэ Тхьэм мыпхуэдэу зэрыжиӀар: «Сэ жысӀащ фэ тхьэуэ фызэрыщытыр?» – яжриӀэжащ Хьисэ абыхэм. – Тхьэм и псалъэ тхахэри къута хъунукъым.


– Тхьэуэ дунейр къэзыгъэщӀам щӀэдзапӀэм деж цӀыхухэр «цӀыхухъурэ цӀыхубзу къигъэщӀащ», жиӀэу Тхьэм и псалъэу тхахэм хэту феджакъэ? – жэуап итыжащ Хьисэ.


Дин пашэхэр Тхьэм и унэшхуэм щӀэту, щэбэт махуэм лажьэурэ, а махуэр ямыгъэлъапӀэ пэтми, лажьэ ямыӀэу къызэрынэр Мусэ и Торэт хабзэм зэритми феджакъэ?


– Торэт хабзэм сыт итыр? – жриӀащ абы Хьисэ. – Дауэ абы укъызэреджэр?


Ар уигу псомкӀи, уи псэ псомкӀи, уи зэхэщӀыкӀ псомкӀи, уи къару псомкӀи фӀыуэ плъагъуныр, икӀи уи щхьэр фӀыуэ зэрыплъагъум хуэдэу, уи гъунэгъури фӀыуэ плъагъуныр Тхьэм папщӀэ ягъэс къурмэныпхъэ псомри тыгъэ псомри нэхърэ куэдкӀэ нэхъ лъапӀэщ.


– Узыншэхэракъым дохутыр хуэныкъуэр, атӀэ сымаджэхэращ, – яжриӀащ Хьисэ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ