34 Арати, къалэм дэс псори Хьисэ къыпежьащ. Хьисэ щалъагъум, я хэкур ибгынэну къелъэӀуащ ахэр.
Ахэр къакӀуэри, къелъэӀуащ, «Губгъэн къэтхуэвмыщӀ», жаӀэри. Лъэхъуэщым къыщӀашыжри, къалэм дэкӀыжыну елъэӀуащ.
Ар щилъагъум, Хьисэ и лъабжьэм зыщӀидзэри, Симон Петр жиӀащ: – ЗбгъэдэкӀ, Зиусхьэн, сэ сыцӀыху гуэныхьщӀакӀуэщ.
Хьисэ щилъагъум, и лъабжьэм зыщӀидзэри, макъышхуэкӀэ къэгуоурэ жиӀащ абы: – Хьисэ, Тхьэуэ Лъагэм и Къуэ, уи Ӏуэхуу сыт къысхэлъыр? СынолъэӀу, гугъу сумыгъэхь!
– Тхьэм и Къуэ, сыт уи Ӏуэхуу къытхэлъыр? ПӀалъэр къэмыс щӀыкӀэ, гугъу дебгъэхьыну укъэкӀуа? – жаӀэурэ къэгуоуащ ахэр.