31 Арати, жин бзаджэхэр Хьисэ къелъэӀуащ: – Мы цӀыхухэм дащыхэпхукӀэ, мо кхъуэ хъушэшхуэм дыгъакӀуи, кхъуэхэм япкъхэм дахэгъэхьэ.
Арати, жин бзаджэхэр Хьисэ къелъэӀуащ: – Кхъуэхэм я деж дыгъакӀуи, абыхэм я пкъыхэм дахыгъыхьэ.
Аращи, фэ, уафэхэри, фэ, уафэхэм щыпсэухэри, фыгуфӀэ! Ауэ фэ, щӀыри хыри, гъуэгу мыгъуэ фытеуващ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ иблисыр къыфхуехащ. Зэману езым къыхуэнэжыр зэрымащӀэр ещӀэри, и гум губжьышхуэ илъщ».
МакъышхуэкӀэ джэри, жиӀащ: – Тхьэ нэхъ Лъагэм и Къуэ Хьисэ сыт уи Ӏуэхуу къысхэлъыр? Тхьэм и цӀэкӀэ сынолъэӀу, гугъу сумыгъэхь!
Арати, Хьисэ теухуа хъыбарыр Сирие хэку псом щызэлъащӀысащ. Узыфэ зэмылӀэужьыгъуэхэр къызэфыкӀ сымаджэ псори цӀыхухэм къыхуашэрт абы; жин бзаджэм иӀыгъхэри, къэмэххэри, пкъыуэ хъуахэри игъэхъужырт.
– Фэ фигукӀэ вгъэлъапӀэ Ӏуэхугъуэхэр хьэхэм евмыт. Налкъутналмэсхэр кхъуэхэм я пащхьэм щивмыкъухь. Апхуэдэу фщӀымэ, абыхэм ахэр яутэнущ, къагъэзэжынурэ, фэри фызэпкъратхъынущ.
Абыхэм япэжыжьэу, кхъуэ хъушэшхуэ щыхъуакӀуэрт.
– ФыкӀуэ! – яжриӀащ Хьисэ абыхэм. Ар щыжиӀэм, жин бзаджэхэр лӀыхэм яхэкӀыжри, кхъуэхэм япкъхэм хыхьащ. Кхъуэхэм япкъхэм щыхыхьэм, кхъуэ хъушэшхуэр зэрыщыту Ӏуащхьэ нэпкъым къежэхщ, гуэлым хэлъадэри, псым итхьэлащ.