Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Маттэ 8:3 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

3 И Ӏэр ишийщ, абы теӀэбэри, Хьисэ жиӀащ: – Сыхуейщ, узыншэ ухъуж. Уэшын уз щхьэщыкӀри, лӀыр узыншэ хъужащ а сыхьэтым.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Маттэ 8:3
19 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

И Ӏэр ишийщ, абы теӀэбэри, Хьисэ жиӀащ: – Сыхуейщ, узыншэ хъуж! Уэшын узыр а лӀым щхьэщыкӀащ асыхьэтым.


Зиусхьэныр зыхуэдэр фыуплъэкӀуи, зэрыфӀыр флъагъунщ. Гъуэгу махуэ теуващ щхьэегъэзыпӀэкӀэ Абы зыхуэзыгъазэр.


Абы гущӀэгъу хуищӀу и Ӏэр ишийщ, теӀэбэри, Хьисэ жиӀащ: – Сыхуейщ, узыншэ хъуж!


Адэ лъапӀэм лӀахэр къызэригъэтэджыжым икӀи къызэригъэпсэужым хуэдэу, абы и Къуэми езыр зыхуей цӀыхухэр къегъэпсэуж.


Хьисэ къэтэджщ, борэнышхуэм егийри, псыми жриӀащ: – Сабырыж, увыӀэ! Жьыр увыӀэжри, дунейр щым дыдэ хъужащ.


ЖиӀащ Тхьэм: – Ирехъу нэху. Нэху хъуащ.


Ар жиӀа нэужь, Хьисэ и макъым зригъэӀэтащ. – Лазар, мыбы къыщӀэкӀыж!


Пхъэмбейм бгъэдыхьэри, абы теӀэбащ итӀанэ. Хьэдэр зыхьхэр къэувыӀащ. Хьисэ жиӀащ: – Си щӀалэ, уэ бжызоӀэ, къызэфӀэувэ.


ЦӀыху гупышхуэ къызэхуэсу щилъагъум, Хьисэ жин бзаджэм егийри, жриӀащ: – Уэ, цӀыхухэр бзагуэ икӀи дэгу зыщӀ жин бзаджэ, унафэ ныпхузощӀ, мы щӀалэм хэкӀыжи, зэи ухэмыхьэж.


Уафэм дэплъейщ, куууэ хэщэтыкӀри, лӀым жриӀащ итӀанэ: «Еффатэ». (Еффатэм къикӀыр: «Уи тхьэкӀумэхэм зызэӀуахыжынущ».)


Хъыджэбз цӀыкӀум и Ӏэр иубыдри, жриӀащ: – Талифэ кум! (Абы къикӀыр: «Си хъыджэбз, сэ ныбжызоӀэ, къызэфӀэувэ!»)


НэгъуэщӀ зыми имылэжьа Ӏуэхушхуэхэр абыхэм я пащхьэм сэ щызмылэжьатэмэ, абыхэм гуэныхь яӀэнутэкъым. Ауэ а злэжьа Ӏуэхушхуэхэр ялъэгъуа пэтми, сэри си Адэри дыкъалъагъу мыхъу хъуащ.


Хьисэ а лӀым жриӀащ итӀанэ: – Уи Ӏэр къэший! ЛӀым и Ӏэр къишийри, адрей Ӏэм хуэдэу хъужащ.


Елисей бегъымбарым и зэманми уэшын узыфэ зэфыкӀ цӀыху куэд Израил ису щытащ, ауэ Елисей абыхэм ящыщ зыри игъэхъужакъым, Сирие хэкум щыщ Нееман зи цӀэ закъуэм фӀэкӀ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ