Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Маттэ 8:26 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

26 – Сыт апхуэдизу фыщӀэшынэр фӀэщхъуныгъэ зи мащӀэхэр? – яжриӀащ абыхэм Хьисэ. ИтӀанэ къызэфӀэувэщ, борэнышхуэми псыми егийри, дунейр щым дыдэ хъужащ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Маттэ 8:26
24 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

ЛъэкӀыныгъэ ину иӀэмкӀэ Абы тетыгъуэр иӀыгъщ игъащӀэкӀэ; Абы и нэм хамэ лъэпкъхэр елъагъу, Ар кърамыдзэу зызыгъэкъайгъэхэм зыкъремыӀэт.


Дэ ди махуэхэр псори уи губжь хэту кӀуащ; хэщэтыкӀ макъым хуэдэу ди илъэсхэр псынщӀэу блэкӀащ.


Губгъуэм нобэ щыгъагъэу пщэдей хьэкум ирадзэжыну удзыр Тхьэм апхуэдизу егъэлеяуэ щигъэщӀэращӀэкӀэ, абы нэхърэ куэдкӀэ нэхъыбэкӀэ фэ фигъэщӀэрэщӀэнукъэ фэ, фӀэщхъуныгъэ зимащӀэхэр?


ФӀэщхъуныгъэ иӀэти, Тхьэм къызэригъэгугъамкӀэ шэч ищӀакъым. И фӀэщхъуныгъэр нэхъ быдэ хъури, Тхьэм щӀыхь хуищӀащ.


Абыхэм жаӀэм гу лъитати, Хьисэ жиӀащ: – ФӀэщхъуныгъэ зи мащӀэхэ, щӀакхъуэ зэрывимыӀэм фыщӀытепсэлъыхьыр сыт?


Тхылъ цӀыкӀу гуэр зэӀухауэ иӀыгът. Лъакъуэ ижьыр хым хигъэувэрт, лъакъуэ сэмэгур щӀым тригъэувэрт.


– Хэт мы жьыри псыри зыгъэдаӀуэр? – жаӀащ цӀыхухэм, ягъэщӀагъуэу.


– Фэ фи фӀэщхъуныгъэр мащӀэти, аращ, – яжриӀащ Хьисэ. – Пэжыр нывжызоӀэ, хъардэл хьэдзэм хуэдиз фӀэкӀ мыхъу фӀэщхъуныгъэ фиӀэмэ, мы Ӏуащхьэм «ӀукӀи, модэ кӀуэ!» жефӀэмэ, ӀукӀынурэ кӀуэнущ. ФхузэфӀэмыкӀыну зы Ӏуэхуи щыӀэнукъым итӀанэ.


– Щыгъэти, мы лӀым къыхэкӀыж! – жиӀащ Хьисэ, жин бзаджэм егийри. ЦӀыху псоми я пащхьэм лӀыр щриудри, зыри иримыщӀэу, жин бзаджэр абы хэкӀыжащ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ