22 – ЛӀахэм езыхэм я лӀахэм я хьэдэхэр щӀрыралъхьэж, ауэ уэ си ужь къиувэ, – жриӀащ Хьисэ.
Ауэ иджыпсту дэ дыгуфӀэн икӀи дытхъэн хуейкъэ? Уи къуэш нэхъыщӀэр лӀауэ щытащ, ауэ къэхъужащ, кӀуэдауэ щытащ, ауэ къэдгъуэтыжащ».
Гуэныхь зэрыфщӀам икӀи фигукӀэ сунэт фызэрамыщӀам щхьэкӀэ лӀахэм фахуэдэу фыщытащ, ауэ Тхьэм Мэссихь фригъусэу фыкъигъэпсэужащ. Ди гуэныхь псори къытхуигъэгъуащ абы.
Аращ мыпхуэдэу щӀыжаӀэр: «Уэ, жейр, къэушыж, лӀахэм къахэтэджыкӀыжи, Мэссихь нэхур къыптригъэпсэнущ».
Фи бзаджагъэмрэ фи гуэныхьхэмрэ къахэкӀкӀэ, лӀахэм хуэдэу фыщытащ.
Ауэ зызэригъэтхъэжыным фӀэкӀа зыми емыгупсыс фызабэр, псэуми, лӀам хуэдэщ.
Хьисэ Галилей хэкум кӀуэну триубыдащ етӀуанэ махуэм. Хьисэ Филипп хуэзри, жриӀащ итӀанэ: – Си ужь къиувэ.
АдэкӀэ кӀуэурэ, хьэкътын ахъшэр щыхах унэм деж щысу Маттэ зи цӀэ лӀы гуэр илъэгъуащ Хьисэ. – Си ужь къиувэ, – жриӀащ абы Хьисэ. Маттэ къэтэджри, Хьисэ и ужь иуващ.
И гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщ нэгъуэщӀ гуэрми Хьисэ къыжриӀащ: – Зи щӀыхь ин, сыкӀуэу, си адэр щӀэслъхьэжыну хуит сыщӀ япэщӀыкӀэ.
ИтӀанэ адэкӀэ кӀуэурэ, Алфей и къуэ Левий хьэкътын ахъшэр щыхах унэм деж щысу илъагъури жриӀащ: – Си ужь къиувэ. Левий къэтэджри, Хьисэ и ужь иуващ.
– Си ужь къиувэ, – жриӀащ Хьисэ нэгъуэщӀ гуэрым. – Зиусхьэн, – жиӀащ адрейм, – сыкӀуэу, си адэр щӀэслъхьэжыну хуит сыщӀ япэщӀыкӀэ.
– ЛӀахэм езыхэм я лӀахэм я хьэдэхэр щӀрыралъхьэж, – жриӀащ абы Хьисэ, – ауэ уэ кӀуэи, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм теухуа хъыбарыфӀым цӀыхухэр егъэдаӀуэ.
Мы си къуэр лӀауэ щытащ, ауэ къэхъужащ, кӀуэдауэ щытащ, ауэ къэдгъуэтыжащ». Ар жиӀэри, гухэхъуэ Ӏэнэр трагъэуващ.
Хьисэ апхуэдэу щӀыжриӀар Петр и лӀэкӀэ хъунур, Тхьэм и щӀыхьыр зэриӀэтыну щӀыкӀэр гуригъэӀуэн щхьэкӀэщ. Ар ириӀуэкӀа нэужь: – Сэ си ужь къиувэ, – жриӀащ абы Хьисэ.
– Сэ дунейм сыкъэкӀуэжыхукӀэ, ар псэуну сыхуеймэ, сыт уи Ӏуэхуу абы хэлъыр? – жиӀащ Хьисэ. – Уэ си ужь къиувэ!