14 Хьисэ Петр и унэм щыщӀыхьэм, абы и щыкъу анэр пӀэм плъыржьэру хэлъу ирихьэлӀащ.
Кифэ, адрей апостолхэм, Зиусхьэным и къуэшхэм хуэдэу дэри фӀэщхъуныгъэ зиӀэ фыз гъусэ зыхуэтщӀыну дыхуиткъэ?
– Ет, – жиӀащ Петр. Петр унэм щыщӀыхьэм, езым жимыӀэӀа щӀыкӀэ, Хьисэ абы къеупщӀащ итӀанэ: – Уэ дауэ уеплърэ, Симон? Дунейм тет пащтыхьхэм хьэпшыпхэм тралъхьэ хьэкъымрэ цӀыхухэм тралъхьэ хьэкъымрэ хэт къызыӀахыр? Езыхэм я къуэхэра, е нэгъуэщӀ цӀыхухэра?
Нэчыхьыр цӀыху псоми ирегъэлъапӀэ, лӀымрэ фызымрэ я пӀэр къабзэу щрет. Тхьэм зинэщӀэхэр игъэкъуэншэнущ.
Къэшэныгъэ-дэкӀуэныгъэмрэ шхыныгъуэ гуэрхэр пшхынымрэ мыхъумыщӀэ Ӏуэхуу щытхэу а пцӀыупсхэм цӀыхухэм жраӀэ. Ауэ Тхьэм а шхыныгъуэхэр къигъэщӀащ, фӀэщхъуныгъэ зиӀэу, щыпкъагъэр зыщӀэхэм, Тхьэм фӀыщӀэ хуащӀурэ, ахэр яшхын щхьэкӀэ,
Зыми зэригъэкъуэншэн лъэпкъ зыбгъэдэмылъу, зы фыз фӀэкӀ зимыӀэу, зышыӀэныгъэрэ гулъытэрэ зиӀэу, хабзэфӀым тету, хьэщӀэхэр зыгъэлъапӀэу, цӀыхухэм щыпкъагъэр езыгъэщӀэн зылъэкӀ цӀыхуу щытын хуейщ Ӏэтащхьэр.
– Бажэхэм зэрысын гъуэ яӀэщ, къуалэбзухэми абгъуэ яӀэщ, ауэ ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм и щхьэр зрихьэлӀэн хэщӀапӀэ иӀэкъым, – жриӀащ абы Хьисэ.
Хьисэ сымаджэм и Ӏэм еӀусэри, абы плъыржьэрыр щхьэщыкӀащ. Петр и щыкъу анэр къэтэджыжри, Хьисэ хьэщӀагъэ кърихащ.