13 Хьисэ дзэ пашэм жриӀащ итӀанэ: – КӀуэ, уэ уи фӀэщ зэрыхъуам хуэдэу, къыбдрехъу. Дзэ пашэм и унэӀутыр хъужащ а сыхьэт дэдэм.
– КӀуэж, уи къуэр псэунущ, – жиӀащ Хьисэ. Хьисэ жриӀа псалъэхэр и фӀэщ хъури, а лӀыр кӀуэжащ.
– «Зыгуэр пхузэфӀэкӀынумэ», жыбоӀэ-тӀэ, – жриӀащ Хьисэ а лӀым. – ФӀэщхъуныгъэ зиӀэм хузэфӀэмыкӀын Ӏуэху зыри щыӀэкъым.
– Фэ фи фӀэщхъуныгъэр мащӀэти, аращ, – яжриӀащ Хьисэ. – Пэжыр нывжызоӀэ, хъардэл хьэдзэм хуэдиз фӀэкӀ мыхъу фӀэщхъуныгъэ фиӀэмэ, мы Ӏуащхьэм «ӀукӀи, модэ кӀуэ!» жефӀэмэ, ӀукӀынурэ кӀуэнущ. ФхузэфӀэмыкӀыну зы Ӏуэхуи щыӀэнукъым итӀанэ.
– Уэ фӀэщхъуныгъэу уиӀэр инщ, цӀыхубз – жриӀащ Хьисэ абы. – Ауэ щыхъукӀэ, уэ узэрыхуейм хуэдэу къыбдрехъу. ЦӀыхубзым и пхъур а зы напӀэзыпӀэм хъужащ.
ЗэплъэкӀри, а цӀыхубзыр щилъагъум, Хьисэ жиӀащ: – Умыдзыхэ, си хъыджэбз. Уи фӀэщхъуныгъэм уигъэхъужащ. Абдеж дыдэм къыщыщӀэдзауэ а цӀыхубзыр хъужащ.
ЛӀым Хьисэ жриӀащ: – Сакъ, мыр зыми хуумыӀуэтэж, ауэ дин пашэм деж кӀуэи, зыкъегъэлъагъу. Мусэ бегъымбарым и унафэм тету, къурмэн щӀы итӀанэ. УзэрыхъужамкӀэ цӀыхухэм я пащхьэм щыхьэт щыхъунущ ар.
– А псалъэр зэрыжыпӀам щхьэкӀэ жин бзаджэр уи пхъум хэкӀыжащ, – жиӀащ Хьисэ. – Уи унэ кӀуэж!