29 торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ фарисейхэмрэ яхуэмыдэу, тепщэныгъэшхуэ иӀэу цӀыхухэм Тхьэм и гъуэгур яригъащӀэрти.
– Апхуэдэу щыщыткӀэ, сэри нывжесӀэнукъым мы Ӏуэхугъуэхэр злэжьыну хуитыныгъэ къыздисхар, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.
Ауэ Стефан и акъылыфӀагъэм щхьэкӀи, и псалъэхэр Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм зэрыжригъэӀам къыхэкӀкӀи пэлъэщын ялъэкӀытэркъым.
сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ къывэныкъуэкъухэр къыфпэувыжынуи къыфпэпсэлъэжынуи ялъэмыкӀын щхьэкӀэ, псалъэ Ӏущхэр фӀурыслъхьэнущ, акъылыфӀагъи фэстынущ.
Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ябгъэдыхьэри яжриӀащ: – Уафэми щӀылъэми тепщэныгъэ псори щызиӀэу си ӀэмыщӀэ илъщ.
Ауэ сэ нывжызоӀэ, фи бийхэр фӀыуэ флъагъу, гугъуехь фэзыгъэшэч цӀыхухэм Тхьэм фӀыкӀэ фахуелъэӀу,
Ауэ сэ нывжызоӀэ, и фыз, зинэ имыщӀауэ изыгъэкӀыж дэтхэнэми фызым зинэ иригъэщӀауэ мэхъу (фызыр аргуэру дэкӀуэжмэ). Абы ещхьу, лӀы гуэрым иригъэкӀыжа фыз къэзышэжми зинэ ищӀауэ мэхъу.
Ауэ сэ нывжызоӀэ, цӀыхубз гуэрым хъуэпсэнэгуу еплъ дэтхэнэми игукӀэ зинэ ищӀакӀэщ.
Пэжыр нывжызоӀэ, фэ фи щыпкъагъэр торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ фарисейхэмрэ я щыпкъагъэм нэхърэ нэхъ ин мыхъумэ, Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм фыщӀыхьэнукъым.
Хьисэ а псалъэхэр жиӀа нэужь, цӀыху куэдым Ӏуэхухэр зэраригъащӀэу щыта щӀыкӀэр ягъэщӀэгъуащ,
Ӏуащхьэм къыщехыжым, Хьисэ и ужь цӀыху гупышхуэ куэд итт.