Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Маттэ 7:28 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

28 Хьисэ а псалъэхэр жиӀа нэужь, цӀыху куэдым Ӏуэхухэр зэраригъащӀэу щыта щӀыкӀэр ягъэщӀэгъуащ,

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Маттэ 7:28
18 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Тхьэм и псалъэхэр Хьисэ зэраригъащӀэ щӀыкӀэр икъукӀэ ягъэщӀэгъуащ цӀыхухэм, тепщэныгъэшхуэ иӀэу абыхэм епсалъэрти.


Хьисэ Ӏуэхугъуэхэр зэраригъащӀэу щыта щӀыкӀэр ягъэщӀэгъуащ цӀыхухэм, торэт егъэджакӀуэ пашэхэм яхуэмыдэу, тепщэныгъэшхуэ иӀэу, цӀыхухэм Тхьэм и гъуэгур яригъащӀэрти.


– А лӀыр къызэрыпсалъэм хуэдэу, зы цӀыхуи игъащӀэм псэлъакъым, – жаӀащ ӀуэхутхьэбзащӀэхэм.


Щэбэт махуэр къыщысым, синэгуэгум кӀуэри, Тхьэм и псалъэхэр цӀыхухэм яригъащӀэу щӀидзащ. Абы едэӀуа цӀыху куэдым ягъэщӀагъуэу жаӀащ: – Мы лӀым жиӀэхэр дэнэ къыздрихар? Сыту акъылыфӀагъэ кърита абы Тхьэм! Сыту Ӏуэху телъыджэ абы и Ӏэм илэжьрэ!


ЦӀыхухэм хуабжьу ягу ирихьащ Хьисэ, абы и псалъэ дахэхэри ягъэщӀэгъуащ. – Исуф и къуэр аракъэ мыр? – жаӀащ.


– Мы лӀыр емыджауэ, мыпхуэдиз щӀэныгъэ дэнэ къриха? – ягъэщӀагъуэу жаӀащ журтхэм.


ЦӀыху гупышхуэхэм ар щызэхахым, Хьисэ яригъэщӀа Ӏуэхухэр ягъэщӀэгъуащ.


ауэ цӀыху псори я гуапэу Хьисэ едаӀуэу щытти, иращӀэн мыхъумыщӀагъэ лъэпкъ ягъуэтакъым.


Дин пашэшхуэхэмрэ торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ Хьисэ жиӀар щызэхахым, ар зэрагъэкӀуэдыну щӀыкӀэм егупсысу щӀадзащ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Хьисэ яригъащӀэу щыта Ӏуэхухэр цӀыху куэдым яфӀэтелъыджэти, дин пашэшхуэхэмрэ торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ Хьисэ щышынэрт.


А псалъэ псори къиӀуэта нэужь, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм яжриӀащ:


Хьисэ, и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀутӀым унафэ яхуищӀа нэужь, а щӀыпӀэм икӀри, журтхэм я къалэхэм цӀыхухэм Тхьэм и псалъэхэр щаригъэщӀэну, абыхэм щригъэдэӀуэну кӀуащ.


ДэркӀэ щхьэегъэзыпӀэщ, гуащӀэ къыдэзытыр Тхьэращ, гугъуехьхэр къытщӀэзэрыхьмэ, Ар гъэунэхуауэ ди дэӀэпыкъуэгъущ.


А псалъэхэр жиӀа нэужь, Галилей хэкум икӀри, Иордан псым и адрыщӀым щыӀэ Иудей хэкум кӀуащ Хьисэ.


Уэшх къешхащ, псыхэр къиуащ, жьыри къепщэурэ а унэм жьэхэуащ. А унэр къызэтещэхащ икӀи къисэхэжащ.


торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ фарисейхэмрэ яхуэмыдэу, тепщэныгъэшхуэ иӀэу цӀыхухэм Тхьэм и гъуэгур яригъащӀэрти.


ЩӀалэм жиӀэм едаӀуэу щыс псоми абы и губзыгъагъэмрэ и жэуапхэмрэ ягъэщӀагъуэрт.


А псалъэ псоми цӀыхухэр иригъэдэӀуа нэужь, Хьисэ Капернаум къалэм дыхьащ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ