23 Ауэ сэ абыхэм занщӀэу яжесӀэнущ: «Сэ зэи фысцӀыхуакъым. Си пащхьэм фикӀ фэ бзаджащӀэхэр».
– Пащтыхьым и сэмэгурабгъумкӀэ щытхэми яжриӀэнущ: «ФызбгъэдэкӀ фэ, Тхьэм и ней зыщыхуахэр. ШейтӀанымрэ абы и мелыӀычхэмрэ Тхьэм яхуигъэхьэзыра мыункӀыфӀыжын мафӀэм фыкӀуэ.
Нэщхъеягъуэм ирихащ си нэр, иригъэгъукӀащ, жьы хъуащ си бийхэм я ягъэкӀэ.
– Абы къывжиӀэнущ: «Фэ хэт фыщыщми, сэ сщӀэркъым. ФызбгъэдэкӀ, фэ бзаджащӀэ псори!»
Бысымыр къэтэджу куэбжэр хуищӀыжа нэужь, «Зиусхьэн, Зиусхьэн, куэбжэр къытхуӀух», жыфӀэурэ уэрамым фыдэту куэбжэм фытеуӀуэнущ. – Абы къывжиӀэнущ: «Фэ хэт фыщыщми, сэ сщӀэркъым».
– Ауэ абы жиӀащ: «Пэжыр нывжызоӀэ, фэ хэт фыщыщми, сэ сщӀэркъым».
– МэлыхъуэфӀыр сэращ. Адэ лъапӀэм сыкъицӀыхуу, сэри Адэ лъапӀэр зэрысцӀыхум хуэдэу, си мэлхэр соцӀыху, мэлхэми сыкъацӀыху. Сэ си псэр мэлхэм папщӀэ сот.
Ауэ хьэхэри, удыгъэм хэтхэри, зинэ зыщӀэхэри, лӀыукӀхэри, тхьэ нэпцӀ зыгъэлъапӀэхэри, пцӀыӀуэпцӀышагъэр фӀыуэ илъагъуу зыгъэзащӀэ дэтхэнэри а къалэм зэрыдыхьэным пыкӀащ.
Ауэ Тхьэм игъэува лъабжьэ быдэр сыт щыгъуи щыӀэнущ. Мыхъурым хуэдэу абы тедзащ: «Зиусхьэным езым и цӀыхухэр ещӀэ», икӀи «Зиусхьэным и цӀэр зыщтэ дэтхэнэми и щӀыбыр бзаджагъэм и гъуэгум хурегъазэ».
Уэ мызахуагъэр фӀыуэ зымылъагъу Тхьэуэ узэрыщытым щхьэкӀэ; бзаджагъэм лъэкӀынкъым уи гъусэн.