14 Ауэ гъащӀэм и куэбжэр зэвщ, абы ухуэзышэ гъуэгури бгъузэщ. Ар къэзыгъуэтыр мащӀэщ.
– Къеблэгъар куэдщ, ауэ хэплъыхьауэ яхэтыр мащӀэщ, – къыщӀигъужащ Хьисэ.
Мы лъэхъэнэм ихабзэхэм Ӏэрылъхьэ зыхуэвмыгъэхъу. Тхьэм фи гум илъхэр зэрырехъуэкӀ, хьэл-щэныфӀ фхэлъ хъун щхьэкӀэ. Апхуэдэу фщӀымэ, Тхьэр зыхуейр къывгурыӀуэнущ – фӀыгъуэр зыхуэдэри, Тхьэм и гум ирихьри, фӀыгъуэ нэгъэсар зыхуэдэри къывгурыӀуэнущ.
Хьисэ цӀыху гупышхуэмрэ и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ къриджэри, яжриӀащ итӀанэ: – Си ужь зыгуэр къиувэну хуеймэ, езыр зыхуей Ӏуэхугъуэхэр кърегъанэ, лӀэныгъэм и жор кърещти, си ужь къреувэ;
ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуахэр а къалэхэм щагъэгушхуэри, фӀэщхъуныгъэм и гъуэгум темыкӀыну быдэу хуагъэуващ: – Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм* гугъуехь тшэчурэ дыщӀыхьэн хуейщ, – жраӀащ абыхэм.
– Мы Ӏуэхухэр сэ щӀывжесӀар сэ фи псэм сызэрыщыщым папщӀэ гузэгъэгъуэ фиӀэ хъун щхьэкӀэщ. Дунейм гугъуехь щыфшэчынущ, ауэ фымыдзыхэ: сэ дунейм сытекӀуащ.
(ИтӀанэ Хьисэ щӀигъужащ:) – Апхуэдэу я ужь итхэр япэ ищынущ, япэ итхэри я ужь къинэнущ; къеблэгъахэр куэдщ, ауэ хэплъыхьауэ яхэтыр мащӀэщ.
– Фымышынэ фэ гуп мащӀэр, фи Адэ лъапӀэм и Тепщэныгъэшхуэр къыщыскӀэ тепщэныгъэр къывитыну хуейщи.
Сыт щӀамыгъуэтар? ФӀэщхъуныгъэм и гъуэгур ямыдэу, ялэжьа Ӏуэхухэм я гъуэгукӀэ Тхьэм щыпкъагъэ яӀэу зэрилъытэнум и ужь иту щытащи, аращ. ЦӀыхухэр зыгъэлъэпэрэпэну мывэм елъэпэуащ.
Синэгуэгухэми фыкъыщӀахунущ. Уеблэмэ фэ фызыукӀ дэтхэнэми Тхьэм абыкӀэ хуэлажьэу щигугъэну махуэр къэсынущ.
Лъэбакъуэ счыху къэси сыкъаувыхь; я нэхэр къыстрагъэдиящ, щӀыгум сытрадзэну;
– Куэбжэ зэвымкӀэ фыдыхьэ; кӀуэдыпӀэм и куэбжэр бгъуфӀэщ, абы кӀуэ гъуэгури гъуэгушхуэщ. А гъуэгум ирикӀуэхэр куэд мэхъу.
– Бегъымбар нэпцӀхэм фахуэсакъ. Абыхэм мэл Ӏэсафэ зытрагъауэ, ауэ ягукӀэ дыгъужь хъунщӀакӀуэхэм хуэдэу фи деж къокӀуэ.